Июлым и 29 — августым и 4
ПСАЛОМ 69
13-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. 69-нэ псаломыр Хьисэ и гъащІэм къыщыхъуну Іуэхугъуэ гуэрхэм тепсэлъыхьауэ щытащ
(дакъ. 10)
Хьисэ щхьэусыгъуэншэу ялъагъу хъутэкъым (Пс 69:4; Ин 15:24, 25; w11-U 15/8 11, абз. 17).
Хьисэ дин пэжым и гур хуэпабгъэт (Пс 69:9; Ин 2:13—17; w10-U 15/12 8, абз. 7, 8).
Хьисэ и псэм хьэзаб телът; дыдж гуэр зыхэкІа шагъыр абы иратащ (Пс 69:20, 21; Мт 27:34; Лк 22:44; Ин 19:34; g95-E 10/22 31, абз. 4; it-2-U 1277, абз. 5).
ДЫЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР. Сыт Иеговэ ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм Мэссихьым теухуауэ къэхъуну Іуэхугъуэхэр щІрыригъэтхар?
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 69:30, 31. Ди тхьэлъэІухэр нэхъыфІ тщІыну мы едзыгъуэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур? (w99-U 15/1 18, абз. 11).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 27:45—66 (th 2-нэ урокыр).
4. ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ. Хьисэ и щапхъэр
(дакъ. 7) Зэгъусэу зэпкърыхын. ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ lmd 8-нэ урокыр, 1, 2 пунктхэр зэпкърых.
5. ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ. Хьисэ щапхъэ тех
(дакъ. 8) Зэгъусэу зэпкърыхын. lmd 8-нэ урокыр, 3—5 пунктхэр, «Мы едзыгъуэхэми еплъ» жыхуиІэ рамкэр.
134-нэ уэрэдыр
6. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр
(дакъ. 5)
7. Унагъуэм щыщхэм сэбэпынагъ къыфхуихьын щхьэкІэ Библие джыныр тхьэмахуэ къэс евгъэкІуэкІ
(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.
2009 гъэм, январым «Школа теократического служения», книгоизучение, служебнэ зэІущІэхэр зы зэІущІэ ящІыжащ. Абы и фІыгъэкІэ унагъуэхэм Библиер яджыну зы пщыхьэщхьэ къахудэкІащ. Куэдым ар фІыщІэ ящІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэхъуэкІыныгъэм я унагъуэр нэхъ зэкъуэт ищІащ икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуащІыну къадэІэпыкъуащ (Вт 6:6, 7).
Унагъуэм и нэхъыжьхэм ехъулІэныгъэ яІэу тхьэмахуэ къэс Библие джыныр ирагъэкІуэкІыну сыт хуэдэ чэнджэщхэр къадэІэпыкъурэ?
-
Тхьэмахуэ къэс фызэрызэхуэсыным фыхущІэкъу. Библиер зэгъусэу щывджын махуэр къыхэфх икІи щыщІэвдзэну сыхьэт бжыгъэр тевухуэ. ЗыгуэркІэ щытевухуа махуэм фызэхуэмысыфмэ, Библие джыныр блэвмыгъэкІыу нэгъуэщІ махуэ гуэрым евгъэкІуэкІ.
-
Зывгъэхьэзыр. Темэ зэпкърыфхынум теухуауэ уи щхьэгъусэм ечэнджэщ, уи сабийхэми яфІэгъэщІэгъуэн хъуну темэхэм теухуауэ зэман-зэманкІэрэ еупщІ. Унагъуэм зэгъусэу Библиер зэрывджым и Іыхьэ гуэрхэр зэщхьу тхьэмахуэ къэс евгъэкІуэкІмэ, зэрызывгъэхьэзырым зэман куэд ихьынукъым.
-
Уи унагъуэр зыхуэныкъуэм гу лъытэ. Сабийхэр балигъ хъуху абыхэм яхузэфІэкІымрэ ахэр зыхуэныкъуэмрэ зехъуэж. Библиер зэгъусэу зэрывджым унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыри Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуищІын хуейщ.
-
Библие джыныр щебгъэкІуэкІкІэ гуапагърэ щабагърэ гъэлъагъуэ. Зэман-зэманкІэрэ жьы къабзэм фыщыІэу феджэ. Сабийхэм загъэпсэхун хуейуэ къэфлъытэмэ, тІэкІу зэпывгъэу хъунущ. Унагъуэм илъ гугъуехьхэм утепсэлъыхьын хуейуэ щытми, а зэманыр сабийхэм уешхыдэн щхьэкІэ къомыгъэсэбэпмэ нэхъыфІщ.
-
Фи программэр нэхъ гъэщІэгъуэн зэрыфщІыным фыхущІэкъу. Псалъэм папщІэ, къыкІэлъыкІуэ зэІущІэм зыхуэвгъэхьэзырыным, jw.org сайтым ит видео феплъу зэпкърыфхыным, хъыбарыфІыр щывгъэІукІэ къыватынкІэ хъуну упщІэхэм зыхуэвгъэхьэзырыным а зэманым щыщ тевгъэкІуадэ хъунущ. Библиер унагъуэм зэгъусэу вджын хуейуэ щытми, щхьэж езым темэ гуэр зэриджыным а зэманым щыщ хухих хъунущ.
ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Унагъуэм зэгъусэу Библиер вджыну мы чэнджэщхэм щыщу дэтхэнэхэра фэ къывдэІэпыкъур?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 13, абз. 8—16, н. 105 ит рамкэр