Июным и 3—9
ПСАЛМЫ 45—47
27-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Пащтыхьым и хьэгъуэлІыгъуэм теухуа уэрэд
(дакъ. 10)
45-нэ Псаломыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьым и хьэгъуэлІыгъуэм топсэлъыхьыж (Пс 45:1, 13, 14; w14-U 15/2 9—10, абз. 8, 9).
А хьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІынур Армагеддон зауэм иужьщ (Пс 45:3, 4; w22.05 17, абз. 10—12).
Абы цІыхухэм псоми фІыгъуэ куэд къахуихьынущ (Пс 46:8—11; it-1-U 375, абз. 6).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Ди Пащтыхь Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфІыр згъэІуну си гум сыхуигъэушрэ?» (Пс 45:1).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 45:16. ДунеищІэм ди гъащІэр зэрыщытынум теухуауэ сыт мы едзыгъуэм къыщытщІэр? (w17.04-U 11, абз. 9).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 25:1—23 (th 5-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН (lmd 1 урокыр, 3-нэ пунктыр).
5. Псалъэ
(дакъ. 5) ijwbv-U 26. Темэ: «Псалом 46:10 ит псалъэхэм сыт къикІыр?» (th 18-нэ урокыр).
6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ
(дакъ. 4) Диалог. g-U 12/10 22—23. Темэ: «Дапхуэдэу уэ гомосексуализмым узэрыхущытыр?» (lmd 6-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).
131-нэ уэрэдыр
7. ФІыуэ зэрыплъагъур уи щхьэгъусэм зэхищІэну дэІэпыкъу
(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Куэдым щызэрыша махуэр я гум ІэфІу къинэжащ икІи а махуэм ахэр икъукІэ насыпыфІэт (Пс 45:13—15). Ауэ зэщхьэгъусэхэм я гъащІэр сыт щыгъуи насыпыфІэу щытыну сыт къадэІэпыкъунур? (Эк 9:9).
Зэщхьэгъусэхэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ дэтхэнэ зыри хущІэкъун хуейщ и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур зыхригъэщІэну. АбыкІэ Исхьэкърэ Ребеккэрэ щапхъэфІ тхуохъу. Библием щыжыІащ ахэр зэрызэрышэрэ илъэс 30 дэкІа иужьи лъагъуныгъэрэ щабагъэрэ зыр зым хуигъэлъагъуэу зэрыщытар (ЩІэдз 26:8). Дапхуэдэу зэщхьэгъусэхэм абыхэм щапхъэ зэрытрахыфынур?
«Унагъуэм илъ насыпыр зэлъытар. Лъагъуныгъэ хэлъу фызэхущыт» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Зэщхьэгъусэхэр зэпэжыжьэ щІэхъункІэ хъунур сыт?
-
И щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъур икІи лъапІэу зэрилъытэр зыхригъэщІэн щхьэкІэ лІыми фызми сыт ящІэ хъунур? (Апост 20:35).
8. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр
(дакъ. 5)
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 10, абз. 13—21