Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Майм и 20—26

ПСАЛМЫ 40, 41

Майм и 20—26

102-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Сыт адрейхэм дащІыдэІэпыкъун хуейр?

(дакъ. 10)

Адрейхэм дазэрыдэІэпыкъум насыпыфІэ дещІ (Пс 41:1; w18.08 19—20, абз. 16—18).

НэгъуэщІхэм дэІэпыкъухэм Иеговэ ядоІэпыкъу (Пс 41:2—4; w15-U 15/12 24, абз. 7).

ЦІыхухэм дазырыдэІэпыкъум Иеговэ щІыхь къыхуехь (Пс 41:13; Пр 14:31; w17.09 14, абз. 17).

ЗЭУПЩІЫЖ: «Ди зэхуэсым щыщу JW Library приложениер нэхъыфІу къигъэсэбэпу хэт сэ езгъэсэфынур?»

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 40:5—10. Мы едзыгъуэхэм зэритымкІэ, Иеговэ ди Пащтыхьу зэрыщытыр къызэрыдгурыІуэм сытым дыхуигъэушрэ? (it-1-U 896, абз. 3).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 24:15—35 (th 12-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ЦІыху нэжэгужэм епсэлъэн щІэдзэ (lmd 2-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ЦІыху нэщхъейм епсэлъэн щІэдзэ (lmd 3-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).

6. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ

(дакъ. 5) lff 14-нэ урокыр, 6-нэ пунктыр. Библием ебгъаджэр зэІущІэм жэуап щитыну тегушхуэкъым. «Нэхъыбэ къащІэ» разделым къыщыхьа «Иеговэ зэхуэсым щытхъу къыщыхуэфхь» жыхуиІэ статьям щыщ зы гупсысэ абы и гъусэу зэпкърых (th 19-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

138-нэ уэрэдыр

7. Зи ныбжь хэкІуэтахэм фІы яхуэфщІэ

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм зэхуэсым щхьэкІэ ящІэр Иегови дэри лъапІэу долъытэ (Евр 6:10). Абыхэм илъэс куэд хъуауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр ирагъаджэ, ягъасэ икІи ягъэгушхуэ. Уэри ахэр къызэрыбдэІэпыкъуам теухуауэ уигу зыгуэр къэбгъэкІыжыфыну къыщІэкІынщ. Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм ящІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур?

«Ди къуэш, ди шыпхъухэм фІы яхуэтщІэнщ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Зи ныбжь хэкІуэта Кан Хо Джин и деж Джи Хун сытым зыщригъэса?

  • Фи зэхуэсым хэт зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр сыт уэ лъапІэу щІэплъытэр?

  • Самарие хэкум щыщ цІыхухъум теухуа ущие хъыбарым сытым дыхуригъасэрэ?

  • Джи Хун ди къуэш Кан Хо Джин дэІэпыкъуну щыкІуам нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэри зэрыздишар мурадыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?

Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэм дегупсысмэ, абыхэм дазэрыдэІэпыкъу хъун Іэмал куэд къэдгъуэтынущ. Зыгуэр дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэу щыплъагъум деж, абы сыткІэ сэбэп ухуэхъуфынуми егупсыс (Екъуб 2:15, 16).

Галатие 6:10 фыкъеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Дэ тщыщ дэтхэнэ зыри зэхуэсым хэт зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъу хъунур?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 8-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ