Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Майм и 27 — июным и 2

ПСАЛМЫ 42—44

Майм и 27 — июным и 2

86-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Иеговэ фызэрыригъаджэр лъапІэу флъытэ

(дакъ. 10)

Иеговэ щагъэлъапІэ зэІущІэхэм зэрыхъукІэ узэрекІуэлІэным хущІэкъу (Пс 42:4, 5; w06-U 1/6 9, абз. 4).

Библиер бджын ипэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэгъазэ (Пс 42:8; w12-U 15/1 15, абз. 2).

Унафэ гуэр къыщыпщтэкІэ Библием ит принципхэм узэрытетыным хущІэкъу (Пс 43:3).

Иеговэ дызэрыригъаджэр къыддоІэпыкъу гугъуехьхэм дыпэлъэщыну икІи абы хуэпэжу дыкъэнэну (1Пт 5:10; w16.09-U 5, абз. 11, 12).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 44:19. «ХьэІуцыдзхэм къыщаущыхь щІыпІэм» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыу къыщІэкІынур? (it-2-U 1224, абз. 4).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 24:36—51 (th 11-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библие иджыну хуеймэ еупщІ (lmd 5-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 5) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Тхьэмахуэм и кІэм жаІэну псалъэ гъэхьэзырам цІыхур къегъэблагъэ. «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ видеом цІыхум гу лъегъати зэпкърых (езы видеор къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (lmd 7-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).

6. Псалъэ

(дакъ. 3) lmd 1 приложениер, 4-нэ пунктыр. Темэ: «ЦІыхухэр зыри сымаджэнукъым» (th 2-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

21-нэ уэрэдыр

7. Школыр къэбухмэ, сыт пщІэнуми егупсыс

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, школыр къэвухмэ, фщІэну фызыхуейм фегупсысауэ пІэрэ? Хэти пионеру щытын щхьэкІэ къыдэІэпыкъун лэжьыгъэ къыхихауэ къыщІэкІынщ. Хэти апхуэдэ лэжьыгъэ къигъуэтын щхьэкІэ, еджэу сертификат е диплом зригъэпэщыну мурад ищІащ. ДауикІ, щІалэгъуэр зэман гъэщІэгъуэнщ. Ауэ къыхэпх хъун Іэмал куэд зэрыщыІэм уэ Іэнкун уищІынкІэ е унафэ къэпщтар цІыхухэм къазэрыщыхъунум уигъэгузэвэнкІэ хъунщ. Сыт-тІэ къыбдэІэпыкъунур Іущагъ зыхэлъ унафэ къэпщтэну?

Маттэ 6:32, 33 итым фыкъеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • ЛэжьапІэ уувын е еджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ, Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа мурад пыухыкІа уиІэмэ щІэнэхъыфІыр сыт?

  • Маттэ 6:32, 33 ит псалъэхэм тету унафэ къащтэну адэ-анэхэр я сабийхэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур? (Пс 78:4—7).

Ахъшэ зэхуэсхьэсынщ, цІэрыІуэ зысщІынщ жыпІэу мы дунейм и хъуэпсэныгъэхэм зэрызыдомыгъэхьэхыным хуэсакъ. Ар Алыхьым ухуэлэжьэну уиІэ мурадыфІым зэран хуэхъунущ (1Ин 2:15, 17). Зыщомыгъэгъупщэ, «мылъкушхуэ зиІэхэм я дежкІэ» нэхъ гугъущ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр япэ ирагъэщыну (Лк 18:24—27). Мылъку зэгъэпэщыныр зи мурад нэхъыщхьэу щыт цІыхур Алыхьым гъунэгъу хуэхъуфынукъым икІи ар абы игъэгуфІэфынукъым (Мт 6:24; Мк 8:36).

«Куэд мыщІэу кІуэдыжынум фыщымыгугъ. Мылъку» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  •   Притчи 23:4, 5 ит чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэпщтэну?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 47-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ