Майм и 6—12
ПСАЛМЫ 36, 37
87-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. «ЦІыху бзаджэхэр щыплъагъукІэ умыгубжь»
(дакъ. 10)
ЩІэпхъаджащІэхэм я зэранкІэ дэ гугъу дохь (Пс 36:1—4; w17.04-U 10, абз. 4).
Ди гум гужьгъэжь абыхэм яхуилъмэ, дэ ар зэран къытхуэхъунущ (Пс 37:1, 7, 8; w22.06 10, абз. 10).
Иеговэ дыкъызэригъэгугъэм дзыхь хуэтщІмэ, ди гум мамырыгъэ илъынущ (Пс 37:10, 11; w03-U 1/12 13, абз. 20).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Залымыгъэрэ гущІэгъуншагъэрэ зыхэт хъыбарыщІэхэм куэдыІуэу семыплъу е семыджэу пІэрэ?»
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 36:6. Мы псаломыр зытхам Иеговэ и пэжагъыр «бгы лъагэшхуэхэм» (е «Алыхьым и бгыхэм», сноскэ) сыт щІригъэщхьар? (it-1-U 505, абз. 4).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 23:23—39 (th 10-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН (lmd 1 урокыр, 5-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библиер иджын зымыдэу щыта цІыхур хуэгъэуш ар иджын щІидзэну (lmd 9-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
6. Псалъэ
(дакъ. 5) ijwbv-U 45. Темэ: «Псалом 37:4 ит псалъэхэм къикІыр сыт?» (th 13-нэ урокыр).
33-нэ уэрэдыр
7. Гузэвэгъуэшхуэхэм ухуэхьэзыру пІэрэ?
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Къуэш, шыпхъухэр дэнэ щымыпсэуами, дунейм къыщыхъу е цІыхухэм я ягъэкІэ къэхъу гузэвэгъуэшхуэхэм пэщІохуэ. Хэти и унэ, хэти фІыуэ илъагъу цІыху зэрыфІэкІуэдам гуауэ куэд къыхуихьащ (Пс 9:9, 10). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ гузэвэгъуэм дэтхэнэ зыри пэщІэхуэфынущ икІи ар къыщыхъунур дэ тщІэкъым. Абы къыхэкІкІэ гузэвэгъуэшхуэхэм зыхуэдгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
Апхуэдэ гуэр къэхъу хъумэ, дызыхуэныкъуэну хьэпшыпхэмрэ ерыскъымрэ a зэрыдгъэтІылъым нэмыщІ, сыт дэ иджыри дызэгупсысын хуейр?
-
Уи акъылыр хуэгъэхьэзыр. Зыщомыгъэгъупщэ, гузэвэгъуэшхуэхэм зыри щыхъумакъым. Аращи, насыпыншагъэ гуэр къыпщыщІмэ, сыт пщІэнуми егупсыс. Уи мылъкум уи гур Іейуэ кІэрыпщІауэ щомыгъэт. Абы щыгъуэ уэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къыпхуэщтэнущ икІи гузэвэгъуэшхуэ упэщІэхуэмэ уи акъылыр зэтауэ щытынур уи мылъкур къызэребгъэлыныракъым, атІэ уи гъащІэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэм я гъащІэмрэ къызэребгъэлыныращ (ЩІэдз 19:16; Пс 36:9). Уи гур мылъкум кІэрыпщІауэ щымытмэ, ар пфІэкІуэд хъуми, абы Іеищэу уригузэвэнукъым икІи нэхъ щІэх зыкъыпхуэужьыжынущ (Пс 37:19).
-
Уи фІэщхъуныгъэр хэгъахъуэ. Иеговэ къыбдэІэпыкъуну лъэкІыныгъэ зэриІэм икІи ар абы зэрыхуейм шэч къытумыхьэ (Пс 37:18). Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ и лэжьакІуэхэм яІэу хъуар яфІэкІуэдми, абы ахэр къигъэнэнукъым икІи и нэІэ ятригъэтынущ (Иер 45:5; Пс 37:23, 24).
Иеговэ дыкъызэригъэгугъауэ хъуар зэригъэзэщІэжынум шэч къытедмыхьэмэ, «гузэвэгъуэ дыщихуэ зэманым деж ар быдапІэ» тхуэхъунущ (Пс 37:39).
«Гузэвэгъуэшхуэхэм ухуэхьэзыру пІэрэ уэ?» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Гузэвэгъуэшхуэ дыщыпэщІэхуэм деж Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур?
-
Гузэвэгъуэшхуэхэм дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?
-
Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм дапхуэдэу уазэрыдэІэпыкъу хъунур?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 9, абз. 8—16