Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Апрелым и 15—21

ПСАЛМЫ 29—31

Апрелым и 15—21

108-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Тезырыр — Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэщ

(дакъ. 10)

Даут зэрымыдэІуам къыхэкІкІэ Иеговэ «и нэгур [абы] щигъэпщкІуащ» (Пс 30:7; it-1-U 1274, абз. 11).

Даут и гуэныхьым хущІегъуэжри Иеговэ гущІэгъу къыхуищІыну елъэІуащ (Пс 30:8).

Иеговэ Даут куэдрэ хуэгубжьауэ щытакъым (Пс 30:5; w07-U 1/3 19, абз. 1).


Иеговэ хуит имыщІауэ Даут Израилым щыпсэу цІыхухэр ибжа нэужь къэхъуа Іуэхугъуэхэм 30-нэ псаломыр епхауэ къыщІэкІынущ (2См 24:25).

ДЫЗЭГУПСЫС ХЪУНЫР. Гуэныхь зыщІа цІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІым езым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыхуихьыр икІи ар ищІам зэрыхущІегъуэжар дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуэфынур? (w21.10 6, абз. 18).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 31:23. Дапхуэдэу Иеговэ цІыху пагэхэм яхуэфащэр зэраригъэгъуэтыжыр? (w06-U 15/5 19, абз. 15).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 22:1—22 (th 10-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(1 дакъ.) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. ХущІэмыхьэу жызыІэ цІыхум кІэщІу епсэлъэн (lmd 5-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Сабий зиІэ цІыхубзыр ди мультфильмхэм щыщ зы егъэплъи, апхуэдэ видеохэр ди сайтым къызэрыщыбгъуэт хъунур егъэлъагъу (lmd 3-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

6. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. Библиер иджын зымыдэу щыта цІыхур хуэгъэуш ар иджын щІидзэну (lmd 8-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

7. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ

(дакъ. 4) lff 14-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр (th 6-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

45-нэ уэрэдыр

8. «Сыт ди фІэщ зыщІыр... Алыхьым дэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур»

(дакъ. 7) Зэгъусэу зэпкърыхын. ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Иеговэ и лъагъуныгъэм теухуауэ ди къуэшым и хъыбарым сыт къывигъащІэр?

9. 2024 гъэм ирагъэкІуэкІ ди ухуэныгъэхэм теухуа хъыбарыщІэхэр

(дакъ. 8) Псалъэ. «Местные новости о строительных проектах 2024 года» ВИДЕОР гъэлъагъуэ.

10. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 99-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ