Апрелым и 22—28
ПСАЛМЫ 32, 33
103-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Гуэныхь хьэлъэ пщІамэ сыт ар щІэпхъумэн щІыхуэмейр?
(дакъ. 10)
Даут ищІа гуэныхь хьэлъэр щІихъумэну зэрыхэтым икІи и гур къызэреныкъуэкъум абы и лъэр щІихт. А гуэныхьыр Даут Вирсавие зинэ зэрыдищІарауэ къыщІэкІынущ (Пс 32:3, 4; w93-U 15/3 9, абз. 7).
Даут ищІа гуэныхьыр Иеговэ хуиІуэтэжащ икІи Алыхьым абы къыхуигъэгъуащ (Пс 32:5; cl-U 262, абз. 8).
Иеговэ къыщыхуигъэгъуам Даут гупсэхугъуэ игъуэтыжащ (Пс 32:1; w01-U 1/6 30, абз. 1).
Гуэныхь хьэлъэ тщІауэ щытмэ, дэ Іэдэбагъ тхэлъу ар Иеговэ жетІэу, къытхуигъэгъуну делъэІун хуейщ. Абы нэмыщІ Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр зэтеувэжын щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэдгъэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Екъуб 5:14—16). Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ гупсэхугъуэ къыдитыжынущ (Апост 3:19).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
Пс 33:6. Иеговэ «и жьэм къыжьэдэкІ къару» жыхуиІэм сыт къикІыр? (w06-U 15/5 20, абз. 1).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 22:23—46 (th 11-нэ урокыр).
4. Уи щхьэм нэхърэ адрейхэр нэхъ ину лъытэ. Паул и щапхъэр
(дакъ. 7) Зэгъусэу зэпкърыхын. ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ lmd 4-нэ урокыр, 1, 2 пунктхэр зэпкърых.
5. Уи щхьэм нэхърэ адрейхэр нэхъ ину лъытэ. Паул щапхъэ тех
(дакъ. 8) Зэгъусэу зэпкърыхын. lmd 4-нэ урокыр, 3—5 пунктхэр, «Мы едзыгъуэхэми еплъ» жыхуиІэ рамкэр.
74-нэ уэрэдыр
6. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр
(дакъ. 15)
7. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 8, абз. 22—24, н. 67 ит рамкэр