Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Апрелым и 8—14

ПСАЛМЫ 26—28

Апрелым и 8—14

34-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Иеговэ хуэпэжу къэнэну сыт Даут къыдэІэпыкъуар?

(дакъ. 10)

Алыхьым игу дыхьэ цІыху хъуну къыдэІэпыкъуну Даут Иеговэ елъэІут (Пс 26:1, 2; w04-U 1/12 14, абз. 8, 9).

Иеговэ и хабзэм темытхэр Даут игъэныбжьэгъутэкъым (Пс 26:4, 5; w04-U 1/12 15, абз. 12, 13).

Иеговэ зэрыхуэлажьэм Даут гуфІэгъуэшхуэ къыхуихьт (Пс 26:8; w04-U 1/12 16, абз. 17, 18).


Щыуагъэ ищІэу щытами, Даут Алыхьым хуэпэжу къызэрынэным хущІэкъут. Абы и гукІи и псэкІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум икІи и къарум щымысхьу зэрыхуэлажьэм ар къыхэщт (1Цр 9:4).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 27:10. ФІыуэ тлъагъу цІыхухэм я щІыб къытхуагъэзамэ, мы едзыгъуэм дапхуэдэу дигу къызэрыщІиубыдэнур? (w06-U 15/7 28, абз. 15).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 21:33—46 (th 2-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщу буклет гуэр къэгъэсэбэп (th 3-нэ урокыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ЦІыхум къыхуэбгъэнауэ щыта буклетым и иужьрей напэкІуэцІым ит упщІэхэр абы и гъусэу зэпкърых. jw.org сайтым гу лъегъати, ифІэгъэщІэгъуэн информациер дапхуэдэу абы къыщигъуэтыфынуми егъэлъагъу (lmd 9-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

6. Псалъэ

(дакъ. 5) lmd 1 приложениер, 3-нэ пунктыр. Темэ: «Дыкъэзыухъуреихь дунейм и къабзагъэр зэтегъэувэжа хъунущ» (th 13-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

128-нэ уэрэдыр

7. Къабзагъэр зыхъумэ ныбжьыщІэхэр

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэр къабзагъэр зэрахъумэным хущІэкъун хуейщ. Абыхэми гуэныхь яхэлъщи, зыгуэрым иригъусэну яІэ гурыщІэ гуащІэм зыІэпишэнкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу балигъыпІэ щиувэм деж. Абы къыхэкІкІэ унафэ тэмэм абыхэм къащтэну къегугъуэкІынкІэ хъунущ (Рм 7:21; 1Кр 7:36). Абы нэмыщІ зыгуэрым иригъусэну къызэрытракъузэм ахэр пэщІэтын хуей мэхъу икІи уеблэмэ цІыхухъухэр цІыхухъухэм, цІыхубзхэр цІыхубзхэм ирагъусэну щыхагъэзыхьи къохъу, ар зымыдэхэри ауан ящІ (Еф 2:2). Мы зэман гугъухэм зи къабзагъэр зыхъумэ ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэм дэ икъукІэ дрогушхуэ!

«НыбжьыщІэхэм я гъащІэр. Зыгуэрым уригъусэну ущыхагъэзыхьым деж сыт пщІэ хъунур?» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Корирэ Камринрэ я классым щІэсхэм сытыт зэрыхагъэзыхьыр?

  • Къабзагъэр яхъумэну абыхэм сыт къадэІэпыкъуар?

  • Апхуэдэ Іуэхугъуэ уихуэмэ, Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщхэр къыбдэІэпыкъуну?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 38-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ