Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Мартым и 18—24

ПСАЛМЫ 19—21

Мартым и 18—24

6-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. «Уафэм Алыхьым и щІыхьыр егъэІу»

(дакъ. 10)

Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм абы и щІыхьыр ягъэІу (Пс 19:1; w04-U 1/1 8, абз. 1, 2).

Дыгъэр — Иеговэ къигъэщІа телъыджэхэм ящыщ зыщ (Пс 19:4—6; w04-U 1/6 11, абз. 8—10).

Дэ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дегупсысын хуейщ (Мт 6:28; g95-U 8/11 7, абз. 3).


УНАГЪУЭМ ЗЭГЪУСЭУ БИБЛИЕ ДЖЫНЫР ЗЭРЕБГЪЭКІУЭКІ ХЪУНУР. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм щыщ гуэрым фыкІэлъыплъи, ДыкъэзыгъэщІам теухуауэ абы сыт къывигъащІэми фытепсэлъыхь.

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 19:7—9. Сыт хуэдэ усэ зэхэлъхьэкІэ мы едзыгъуэхэм къыщыгъэсэбэпар икІи сыт абы гъэщІэгъуэну хэлъыр? (it-1-U 679, абз. 2, 3).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 20:17—34 (th 11-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр цІыхум ети, абы нэхъ пэгъунэгъуу а зэІущІэр щекІуэкІын щІыпІэр jw.org сайтымкІэ къыхуэгъуэт (lmd 2-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр и бжэм дэлъу къэзыгъуэта икІи а зэІущІэм къекІуэлІа цІыхур гуапэу къегъэблагъэ. Программэр иуха иужь абы бгъэдыхьэ икІи и упщІэхэм жэуап ет. Нэхъыбэ къищІэну удэІэпыкъун щхьэкІэ иужькІэ ухуэзэну абы гурыІуэ (lmd 3-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ

(дакъ. 5) Псалъэ. ijwfq-U 45. Темэ: «Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм зэрагъэлъапІэ щІыкІэр адрей динхэм зэрагъэлъапІэм сыт щІытемыхуэр?» (th 6-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

141-нэ уэрэдыр

7. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм уегупсысурэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІы

(дакъ. 15) Зэгъусэу зэпкърыхын. «Укрепляйте веру, размышляя о творении» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Мы видеом къыщыгъэлъэгъуам псори Алыхьым къызэригъэщІамкІэ уи фІэщхъуныгъэр дауэ нэхъ быдэ зэрищІыр?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 127-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ