Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Апрелым и 29 — майм и 5

ПСАЛМЫ 34, 35

Апрелым и 29 — майм и 5

10-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. «Сыт щыгъуи Иеговэ згъэлъэпІэнущ»

(дакъ. 10)

Даут гугъуехь щыпэщІэхуэм дежи Иеговэ игъэлъапІэт (Пс 34:1; w07-U 1/3 22, абз. 11).

Даут езыр зыщымытхъужу Иеговэ щытхъу къыхуихьт (Пс 34:2—4; w07-U 1/3 22, абз. 13).

Даут Иеговэ щигъэлъапІэм деж абы и гъусэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІт (Пс 34:5; w07-U 1/3 23, абз. 15).

Даут Ахиш (е Авимелех) деж къикІыжа иужь губгъуэ нэщІым кІуащ. Абы щыкІуэм Щаул и тепщэныгъэм хуэмыарэзыуэ цІыху 400 хуэдиз Даут гъусэ къыхуэхъуащ (1См 22:1, 2). Мы Псаломыр щитхым Даут зи гугъу ищІар а цІыхухэрауэ къыщІэкІынущ (Пс 34, псалъащхьэм тетыр).

ЗЭУПЩІЫЖ: «ЗэІущІэ къэблагъэм къуэш е шыпхъу гуэрым сыщепсалъэкІэ дапхуэдэу Иеговэ зэрызгъэлъэпІэфынур?»

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 35:19. Сыт къикІыр Даут жиІа мы псалъэхэм: «Щхьэусыгъуэ ямыІэу сыкъэзылъагъу мыхъухэм нащхьэІущхьэ зэхурамыщІ»? (w06-U 15/5 20, абз. 2).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 23:1—22 (th 5-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библием ит гупсысэ гуэркІэ цІыхум удэмыгуашэ щІыкІэ фызэбгъэдэкІыжын хуей мэхъу (lmd 1 урокыр, 4-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. (lmd 2-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ

(дакъ. 5) Диалог. ijwfq-U 59. Темэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэнрэ ямыгъэлъэпІэнрэ унафэ къыщащтэм деж сыт абы лъабжьэ хуэхъур?» (th 17-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

59-нэ уэрэдыр

7. ЗэІущІэхэм Иеговэ зэрыщыдгъэлъапІэ хъун Іэмалищ

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Ди зэІущІэхэм Иеговэ щыдгъэлъэпІэну ІэмалыфІ дыдэхэр диІэщ. Ар зэрыпщІ хъун Іэмалищым дыхэплъэнщ.

НэгъуэщІхэм дыщепсалъэм деж. Адрейхэм ущепсалъэкІэ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэмрэ абы къитхуищІэ фІыгъуэхэмрэ къыхэгъэщ (Пс 145:1, 7). Узэджа е зэхэпха гупсысэ гуэр сэбэп къыпхуэхъуа? ХъыбарыфІ гъэІуным ущыхэтым гъэщІэгъуэн гуэр къэхъуа? Е зыгуэрым жиІам е ищІам уигъэгушхуа? Хьэмэрэ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ гуэр пфІэгъэщІэгъуэн хъуа? А псор дэ Иеговэ къыдита тыгъэщ (Екъуб 1:17). Абыхэм теухуауэ зыгуэрым удэгуэшэну Іэмал уиІэн щхьэкІэ зэІущІэр щІидзэным дакъикъэ зыбжанэ иІэу къакІуэ.

Жэуапхэр щыттым деж. ЗэІущІэ къэс зы жэуап нэхъ мыхъуми зэрыптыным хущІэкъу (Пс 26:12). Уэ упщІэм и жэуапыр епт хъунущ, абзацым хэт нэгъуэщІ гупсысэ къыхэбгъэщ хъунущ, Библием щыщ едзыгъуэм е сурэтым гу лъебгъатэ хъунущ, абы нэмыщІ а гупсысэхэр уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэпыфынум утепсэлъыхь хъунущ. ЗыгуэркІэ куэдым я Іэр яІэту уэ къомыупщІ хъумэ, упщІэ зыбжанэм я жэуап бгъэхьэзыр хъунущ. Алыхьым «и цІэр зыгъэлъапІэ жьэм къажьэдэкІ... къурмэныпхъэр» цІыху нэхъыбэм къахьыфын щхьэкІэ уи жэуапыр секунд 30-м щІомыгъэгъумэ нэхъыфІщ (Евр 13:15).

ТхьэщІыхь уэрэдхэр щыжытІэм деж. Ди уэрэдхэр уи гум къыбгъэдэкІыу жыІэ (Пс 147:1). ЗэІущІэ къэс уэ жэуап умытыфынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу цІыху куэд фыхъуу щытмэ, ауэ уэрэд жыпІэну сыт щыгъуи Іэмал уиІэщ. Уэ дахэу уэрэд пхужымыІэу къыпщыхъункІэ хъунущ, ауэ быдэу уи фІэщ щІы, уэ уэрэд жыпІэну узэрыхущІэкъум Иеговэ егъэгуфІэ (2Кр 8:12). Нэхъ тегушхуауэ уэрэдхэр жыпІэн щхьэкІэ унэм зыщыбгъэхьэзыр хъунущ.

«Наша история: движемся вперёд. Прославляем Иегову в песне (часть 1)» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Илъэс 150-кІэ узэІэбэкІыжмэ ди организацэм Алыхьыр уэрэдкІэ гъэлъэпІэным мыхьэнэшхуэ ириту зэрыщытар сыт къызыхэщыр?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 2024-нэ гъэм и региональнэ конгрессым щыжаІэну уэрэдыщІэмрэ тхьэлъэІумрэ