ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ епцІыжахэм зыщыхъумэ!
ШейтІанымрэ абы къигъэпцІахэмрэ щІэх-щІэхыурэ пцІымрэ пэжымрэ зэхапщэ, ди фІэщхъуныгъэр зэтракъутэн щхьэкІэ (2Кр 11:3). Псалъэм папщІэ, ашур цІыхухэм пэжыр зэблашыурэ икІи наІуэу пцІы яупсыурэ Иеговэ и лъэпкъыр ягъэшынэну, и лъэр щІагъэхуну хэтащ (2Лт 32:10—15). Ноби Алыхьым епцІыжахэм апхуэдэ Іэмалхэр къагъэсэбэп. Дапхуэдэу абыхэм зыхурагъаджэм дызэрыхущытын хуейр? Щхъухьым хуэдэу! Алыхьым епцІыжахэм ятхым уемыджэ, жэуап йомыт икІи адрейхэм уадэгуашэурэ абыхэм я еплъыкІэ нэпцІхэм зомыгъэубгъу. Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэдмыщІыжу дызыщІыфыну информацием занщІэу гу лъыптэу икІи пэІэщІэ зыхуэпщІу зегъасэ (Иудэ 3, 4).
«УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ ЩІЭБЭН!» (ІЫХЬЭ) ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
-
Интернетым цІыхухэр щызэдэуэршэр сайтхэм дыщискІэ дысакъын щІыхуейр сыт?
-
Рим 16:17 ит чэнджэщым дапхуэдэу дэзэрытет хъунур?