ДИ ГЪАЩІЭР
Библием и аудиозаписым уедаІуэрэ?
Библием и аудиозаписыр сыт зищІысыр? Хэплъэжауэ къыдагъэкІа «ДунеищІэкІэ зэджэ Библием» и аудиозаписьхэр хуэм-хуэмурэ бзэ нэхъыбэкІэ къыдагъэкІ. ГъэщІэгъуэныращи, Библием къэпсалъэу иту хъуар макъ зырызкІэ ирагъэтх. Библием итыр нэхъ гурыІуэгъуэ хъун икІи едаІуэхэм я гум нэсын щхьэкІэ, къеджэхэм къыхагъэщын хуей псалъэхэр къыхагъэщурэ, макъыр яхъуэжурэ ирагъэтх.
Библием и аудиозаписым уедэІуэну сыткІэ сэбэп? Аудиозаписым щІэх-щІэхыурэ едаІуэ куэдым «Алыхьым и Псалъэм ит хъыбархэр си нэгу щІэкІым хуэдэщ» жаІэ. Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм я псалъэхэр макъ зырызкІэ зэрырагъэтхыр абыхэм къадоІэпыкъу зэдаІуэр нэхъыфІу я нэгу къыщІагъэхьэну икІи къагурыІуэну (Пр 4:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Къуэш, шыпхъу куэдым гу лъатащ гугъуехь щаІэм деж Библием щедаІуэкІэ гупсэхугъуэ зэрагъуэтыр (Пс 94:19).
Алыхьым и Псалъэм къаруушхуэ щІэлъщи, абы узэредаІуэм уи гъащІэр хуабжьу ихъуэжыфынущ (2Лт 34:19—21). Уэ къыбгурыІуэ бзэкІэ Библием и аудоизаписыр зэрыщыту щыІэмэ е и Іыхьэ гуэр къыдагъэкІамэ, абы уедэІуэну мурад умыгъэувыфыну пІэрэ?
«ЗВУКОВАЯ ЗАПИСЬ БИБЛИИ» (ОТРЫВОК) ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Библием и аудиозаписыр зэрырагъэтхым сыт нэхъ пфІэгъэщІэгъуэн хъуар?