Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

ЦІыхухэм епсэлъэн зэрыщІэбдзэм гуфІэгъуэ хэх

ЦІыхухэм епсэлъэн зэрыщІэбдзэм гуфІэгъуэ хэх

ЦІыхухэм неформальнэу епсэлъэн щІэбдзэныр — ар хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ нэхъ сэбэп къытхуэхъу икІи гуфІэгъуэ къытхуэзыхь Іэмалхэм ящыщ зыщ. Ауэ псалъэмакъыр БиблиемкІэ зэрыдунэтІыным егъэлеяуэ дегупсысмэ, цІыхум епсэлъэн щІэддзэн дышынэнкІэ хъунущ. «ХъыбарыфІымкІэ дауэ сыдэгуэшэн?» жыпІэу угузавэу уегупсысыным ипІэкІэ узэпсалъэ цІыхум жиІэм фІыуэ узэредэІуэным, ар зэрызэхэпщІыкІыным хущІэкъу (Мт 22:39; 1Кр 10:24). ЦІыхум ущепсалъэкІэ уи фІэщ хъум теухуауэ жыпІэну Іэмал уиІэ хъумэ, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ зы къэбгъэсэбэп хъунущ.

Мы Іэмэпсымэхэр дапхуэдэу уэ къызэрыбдэІэпыкъунур псалъэмакъым адэкІи пыпщэну икІи хъыбарыфІымкІэ удэгуэшэну?

«„ГЪУЩІЫМ ГЪУЩІЫР ЕЛЪ“. ПСАЛЪЭМАКЪЫР ЗЭРЫЩІЭБДЗЭ ХЪУНУР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:

ЦІыхухэм узэрепсалъэ щІыкІэм ебгъэфІэкІуэну сыт хуэдэ чэнджэщищ къыбдэІэпыкъунур?