Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Иеговэ и нэкІэ зэплъыж

Иеговэ и нэкІэ зэплъыж

«Иеговэ и лъэпкъым щеплъкІэ мэгуфІэ» (Пс 149:4). Дэ гуэныхь зэрытхэлъым щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ ди хьэл-щэныфІхэри тхузэфІэкІынури елъагъу. Ауэ иныкъуэм деж дэ Иеговэ и нэкІэ дызэплъыжыну къыдогугъуэкІ. Псалъэм папщІэ, адрейхэр къызэрытхущытым и зэранкІэ дэ зыри дримыщІысу къытщыхъункІэ хъунущ. Е япэм тщІауэ щыта щыуагъэхэр ди щхьэм иджэрэзыхьу идгъэлъмэ, Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум шэч къытетхьэу дыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэмрэ гупсысэхэмрэ дебэныну сыт къыддэІэпыкъунур?

Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым цІыхум илъагъум нэхърэ нэхъыбэ Иеговэ зэрилъагъур (1См 16:7). Иеговэ дыкъызэрицІыхум хуэдэу дэ зытцІыхужкъым, абы ди гум илъ нэгъуни елъагъу. Ар къызэрытхущытыр Библием и фІыгъэкІэ къытхуэлъэгъунущ. Абы щхьэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыщэу зэрилъагъур къызыхэщ едзыгъуэхэмрэ хъыбархэмрэ фІыуэ дегупсысын хуейщ.

«ИЕГОВЭ И НЭКІЭ УЗЭПЛЪЫЖУ ЗЕГЪАСЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Зэдэжэныгъэм хэт щІалэ цІыкІумрэ абы и адэмрэ теухуа щапхъэм Иеговэ къызэрытхущытым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

  • Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум Иеговэрэ езымрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр щызэтригъэувэжкІэ, Алыхьым ар фІыуэ къызэрилъагъур и фІэщ ищІыну сыт къыдэІэпыкъунур? (1Ин 3:19, 20).

  • Даутрэ Иосафатрэ теухуа хъыбархэм куууэ зэрегупсысар къуэшым дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?