ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ — «зеиншэхэм я адэщ»
Илъэс къэс ныбжьыщІэ куэдым мурад ящІ Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъуну (Пс 110:3). Уэри Иеговэ ухуэлажьэмэ, уигу игъэлъ: абы уэ фІыщэу уелъагъу. Уэ узыхуэзэ гугъуехьхэр Иеговэ ещІэ икІи къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ. Адэншэу е анэншэу укъэхъуамэ, зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ — «зеиншэхэм я адэщ» (Пс 68:5). УнагъуэкІэ сыт хуэдэ гугъуехь уимыІами, Иеговэ жиІэм уедаІуэмэ, абы ухуэпэжу укъэнэфынущ, ехъулІэныгъи уиІэфынущ (1Пт 5:10).
«ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ ЯІЭУ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ ЩІОБЭН — АДЭ Е АНЭ ЗИМЫІЭУ КЪЭХЪУАХЭР» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
-
Тамми, Чарлз, Джимми сымэ я щапхъэм сытым ухуигъасэрэ?
-
Адэншэу е анэншэу къэхъуахэм Псалом 27:10 итым сыт хуэдэ гугъэ яритыр?