ДИ ГЪАЩІЭР
Экономическэ кризисым уэ ухуэхьэзыр?
Мы дунейм къыщыхъу Іуэхугъуэхэм я зэранкІэ экономикэм зэуэ зэрызихъуэжыр дэ дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ иужьрей махуэхэм икІэм дызэрыщыпсэур. Библиеми щыжыІащ «мылъку нэпцІым» дыщыгугъын зэрыхуэмейр (1Тм 6:17; 2Тм 3:1). Экономическэ кризисым зыхуэдгъэхьэзырыну Иосафат и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
Иосафат бийхэр къыщыпэщІэувам ар Иеговэ щыгугъащ (2Лт 20:9—12). Абы нэмыщІ лъэпкъыр къригъэлын щхьэкІэ абы зигъэхьэзыращ: быдапІэхэр ищІащ, къалэхэм зауэлІхэр дигъэтІысхьащ (2Лт 17:1, 2, 12, 13). Иосафат хуэдэу дэри зэман гугъухэм зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. Дэ Иеговэ дыщыгугъын икІи тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ.
«ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭХЭМ УХУЭХЬЭЗЫРУ ПІЭРЭ УЭ?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
-
Гузэвэгъуэшхуэхэм дэ езыр дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур?
-
НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуфын щхьэкІэ дапхуэдэу зэрызыдгъэхьэзыр хъунур?