Ноябрым и 18—24
ПСАЛМЫ 107, 108
7 уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. «Иеговэ фІыщІэ хуэфщІ, абы фІыуэ щыІэр хэлъщи»
(дакъ. 10)
Иеговэ израил цІыхухэр Бабилэн гъэрыпІэм къызэрыришыжам хуэдэу, дэри ШейтІаным и дунейм дыкъыхэкІыну ар къыддэІэпыкъуащ (Пс 107:1, 2; Кл 1:13, 14).
Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІым дэ дыхуегъэуш ар зэхуэсым щыдгъэлъэпІэну (Пс 107:31, 32; w07-U 15/4 20, абз. 2).
Иеговэ пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэм дыщегупсысым деж ди гум илъ фІыщІэр хохъуэ (Пс 107:43; w15-U 15/1 9, абз. 4).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 108:9. Сыт Алыхьым МоІэбей щІыналъэр «зэрызитхьэщІ тасым» е «зытхьэщІыпІэм» щІригъэщхьар? (it-2-U 68, абз. 5).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 6:14—29 (th 5 урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН (lmd 1 урокыр, 4 пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библие зэредгъаджэ курсым теухуауэ цІыхум жеІи, а курсым и визиткэр къыхуэгъанэ (lmd 9 урокыр, 3 пунктыр).
6. Псалъэ
(дакъ. 5) ijwyp-U 90. Темэ: «Псоми Іей и лъэныкъуэкІэ семыгупсысыну сыт къыздэІэпыкъунур?» (th 14 урокыр).
46 уэрэдыр
7. Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр ди уэрэдхэр зэрыжытІэмкІэ къыдогъэлъагъуэ
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Хы Плъыжьым деж Иеговэ израил цІыхухэр мысыр зауэлІхэм къыщригъэлам щыгъуэ абыхэм Иеговэ къахуищІам щхьэкІэ фІыщІэ уэрэд хужаІащ (Исх 15:1—19). ИкІи а уэрэдыр къезыгъэжьар цІыхухъухэращ. (Исх 15:21). Япэ лІэщІыгъуэм щыгъуи Хьисэрэ абы и лъэужь ирикІуэхэмрэ Алыхьым тхьэщІыхь уэрэдхэр хужаІэт (Мт 26:30; Кл 3:16). Ди зэманми Иеговэ и лэжьакІуэхэр абыхэм я щапхъэм тетщ. Дэри Алыхьым фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ ди зэІущІэхэмрэ ди конгрессхэмрэ уэрэдхэр щыжытІэм деж. Псалъэм папщІэ, иджыпсту жытІа «ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ» уэрэдыр 1966 гъэ лъандэрэ ди зэІущІэхэм щыжаІэ.
Языныкъуэ культурэхэм я хабзэкъым цІыхухъухэм адрейхэм зэхахыу уэрэд жаІэну. Языныкъуэхэми я макъыр мыдахэу къазэрыщыхъум къыхэкІкІэ уэрэд жаІэну тегушхуэкъым. Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым тхьэщІыхь уэрэдхэр зэрыжытІэр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм и Іыхьэу зэрыщытыр. Иеговэ и организацэм къаруушхуэ ирехьэлІэ уэрэд дахэ куэд диІэн щхьэкІэ икІи зэІущІэ къэс программэм хуэкІуэ уэрэдхэр жытІэну дэ Іэмал диІэщ. Ди лъэныкъуэкІэ къэнэжыр — ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу уэрэдхэр жытІэурэ, уафэм щыІэ ди Адэ ЛъапІэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи абы фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэныращ.
«Наша история: движемся вперёд. Прославляем Иегову в песне (часть 2)» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
1944 гъэм мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ къэхъуар?
-
Советскэ Союзым щыпсэуа къуэш, шыпхъухэм Пащтыхьыгъуэм и уэрэдхэр лъапІэу зэралъытэр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар?
-
Иеговэ и Щыхьэтхэм я дежкІэ уэрэдхэр жыІэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 18, абз. 6—15