Октябрым и 21—27
ПСАЛМЫ 100—102
37-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Иеговэ къытхуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр лъапІэу флъытэ
(дакъ. 10)
Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм адэкІи хэгъахъуэ (Пс 100:5; w23.03 12, абз. 18, 19).
Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр зэтезыкъутэфыну Іуэхугъуэхэм пэІэщІэ зыхуэщІ (Пс 101:2, 3; w23.02 17, абз. 10).
Иеговэрэ абы и организацэмрэ теухуауэ пцІы жызыІэхэм пэІэщІэ захуэщІ (Пс 101:5; w11-U 15/7 16, абз. 7, 8).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Соцсетьхэмрэ мессенджерхэмрэ дапхуэдэу къызэрызгъэсэбэпыр? Ахэр Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм зэран хуэзмыгъэхъуу пІэрэ?»
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
Пс 102:6. Мы псаломыр зытхам пеликаным зыщІригъэщхьар сыт? (it-2-U 295, абз. 14, 15).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 5:1—17 (th 12-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. (lmd 2-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 5) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библиер иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 9-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ
(дакъ. 4) Диалог. ijwbq-U 129. Темэ: «Библием итым зэхъуэкІыныгъэ е щыуагъэ гуэр къыхэмыхьауэ пІэрэ?» (th 8-нэ урокыр).
137-нэ уэрэдыр
7. «Сэ си гур уэ пкІэрыпщІащ, уэри си Іэр пІыгъщ»
(дакъ. 15).
Зэгъусэу зэпкърыхын. «Я привязан к тебе, а ты держишь меня» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
Дапхуэдэу бегъымбар цІыхубз Аннэ Иеговэ хуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр зэригъэлъагъуэу щытар?
Дауэ абы щапхъэ зэрытетх хъунур?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 17, абз. 1—7