Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Октябрым и 7—13

ПСАЛМЫ 92—95

Октябрым и 7—13

84-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Иеговэ ухуэлэжьэным нэхърэ нэхъыфІ щыІэкъым

(дакъ. 10)

Иеговэ дыхуэлэжьэну хуэфащэщ (Пс 92:1, 4; w18.04 28, абз. 5).

НасыпыфІэ дызыщІ унафэхэр къэтщтэну дэ ар къыддоІэпыкъу (Пс 92:5; w18.11 23, абз. 8).

Иеговэ зи ныбжь хэкІуэта и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ (Пс 92:12—15; w20.01 19, абз. 18).

ЗЭУПЩІЫЖ: «Си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ислъхьэу, псым зыщІэзгъэуэну сыт зэран къысхуэхъур?»

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 92:5. Мы псалъэхэм Иеговэ и Іущагъыр фІыуэ къыдгурагъаІуэу жыпІэ щІэхъунур сыт? (cl-U 176, абз. 18).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мк 4:14—25 (th 5-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библиер къацІыхуну цІыхухэм уазэрыдэІэпыкъур узэпсалъэм зэрыжепІэн Іэмал къэгъуэт (lmd 5-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Япэм Библиер иджын зымыдэу щыта цІыхур хуэгъэуш Библие джын щІидзэну (lmd 8-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ

(дакъ. 5) Библие ебгъаджэ цІыхум лъэбакъуэ зэримычым теухуауэ епсалъэ (lmd 12-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

5-нэ уэрэдыр

7. Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэри зыгъэгузавэ гупсысэхэм пэщІэтын хуей мэхъу

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Иеговэ дызэрыхуэлажьэм къикІкъым дызыгъэгузавэ гупсысэхэм зэи дыпэщІэтын хуей мыхъуну. Псалъэм папщІэ, Даут гупсысэ Іейхэм хуабжьу щагъэгузавэ къэхъут. Ди зэманми ди къуэш, ди шыпхъу куэдым ар зищІысыр ящІэ (Пс 13:2; 139:23). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэхуэсым щыщ ди ныбжьыщІэхэри апхуэдэ гугъуехьым пэщІохуэ. Егъэлеяуэ зэрыгузавэм къыхэкІкІэ Іуэху къызэрыгуэкІ гуэрхэр ящІэну абыхэм къегугъуэкІынкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ, школым е зэІущІэм кІуэну. ЦІыхур егъэлеяуэ зэрыгузавэм «панические атаки» жыхуаІэр къыхэкІынкІэ хъунущ, уеблэмэ абы зиукІыжыну хуейуэ хъуфынущ.

Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, фэ егъэлеяуэ фыщыгузавэ къыфхуихуэмэ, фи адэ-анэм е Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъу гуэрым фепсалъэ. Иджыри Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу (Фп 4:6). Абы Іэмал имыІэу фи тхьэлъэІухэм жэуап къритынущ (Пс 94:17—19; Иса 41:10). Ди къуэш Стинг и щапхъэм деплъынщ.

«Иеговэ сэ сыт щыгъуи къыздэІэпыкъут» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

• Библием ит сыт хуэдэ пычыгъуэ Стинг къыдэІэпыкъуар?

• Иеговэ Стинг дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?

Адэ-анэхэ, фи сабийхэр егъэлеяуэ зэрыгузавэм пэлъэщыну фадэІэпыкъуфынущ. ШыІэныгъэ фхэлъу абыхэм федаІуэ, фи лъагъуныгъэр евгъэлъагъу икІи Иеговэ ахэр фІыуэ зэрилъагъум шэч къытрамыхьэну фадэІэпыкъу (Тит 2:4; Екъуб 1:19). Фэри егъэлеяуэ фымыгузэвэну, фи сабийхэми фазэрыдэІэпыкъун къаруи къывитыну Иеговэ фелъэІу.

Зэхуэсым щыщ гуэрым егъэлеяуэ гузэвэх узыщІ уз зэриІэр дэ дымыщІэнкІэ хъунущ е абы и гугъуехьыр икІэм нэс къыдгурымыІуэнкІэ хъунущ. Ауэ дэ тхузэфІэкІынущ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыри фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэу зэрытлъытэр зыхедгъэщІэну (Пр 12:25; Евр 10:24).

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 81-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ