Сентябрым и 16—22
ПСАЛМЫ 85—87
41-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Гугъуехьхэм дыпэлъэщыну тхьэлъэІур къыддоІэпыкъу
(дакъ. 10)
ГуфІэгъуэ къывитыну Иеговэ фелъэІу (Пс 86:4).
Иеговэ пэжу фыкъыхуэнэну къывдэІэпыкъуну фелъэІу (Пс 86:11, 12; w12-U 15/5 25, абз. 10).
Иеговэ фи тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритынум шэч къытевмыхьэ (Пс 86:6, 7; w23.05 13, абз. 17, 18).
ЗЭУПЩІЫЖ: «Гугъуехь сыщиІэм деж Алыхьым нэхъ щІэх-щІэхыурэ зыхуэзгъазэрэ, си тхьэлъэІухэри нэхъ кІыхьу щыт?» (Пс 86:3).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 86:11. ЦІыхум и гум теухуауэ Даут и псалъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр? (it-2-U 783, абз. 5).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 3:1—15 (th 12-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библиер иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 3-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. КъэхъукъащІэхэм зэригъэгузавэр япэм къыбжезыІауэ щыта цІыхум Библиер иджын щІидзэну хуэгъэуш (lmd 7-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
6. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ
(дакъ. 5) lff 15-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр. УщыщымыІэну тхьэмахуэм Библие джыныр зэрекІуэкІыну щІыкІэм теухуауэ ебгъаджэмрэ уэрэ фызэгурыІуэ (lmd 10-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
83-нэ уэрэдыр
7. Уи Іэр йомыхьэх!
(дакъ. 5) Зэгъусэу зэпкърыхын.
«Не сдавайся!» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Сыт хъыбарыфІыр дгъэІуну диІэ гукъыдэжыр щІытфІэкІуэдынкІэ хъунур?
-
Сыт ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр?
8. Библиер яджыну цІыхухэр адэкІи хуэвгъэуш
(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Мы мазэм екІуэкІ кампание хэхам къриубыдэу «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къэбгъэсэбэпу зыгуэр Библием ебгъэджэн щІэбдзэфа? ЩІэбдзэфамэ, уэ абы, шэч хэмылъу, гуфІэгъуэ къыпхуихьащ, нэгъуэщІхэри игъэгушхуащ. Ауэ уэ Библием ебгъэджэн къомыгъуэтамэ, хъыбарыфІ гъэІуным къару епхьэлІам зыри къимыкІауэ къыпщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, сыт пщІэ хъунур?
«„Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкІи догъэлъагъуэ: шыІэныгъэкІэ“. ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
ХъыбарыфІ гъэІуным етхьэлІэ къарум зыри къимыкІыу къыщытщыхъум деж 2 Коринф 6:4, 6 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?
-
Библием едгъэджэн цІыху щыдмыгъуэтым деж хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэ хъуну?
Зыщомыгъэгъупщэ: гуфІэгъуэр зэлъытар Библием ебгъаджэ цІыхухэм я бжыгъэракъым. Дэ гуфІэгъуэ къыдэзытыр Иеговэ арэзы зэрытщІыращ (Лк 10:17—20). Аращи, кампание хэхам фыхэтын щхьэкІэ къарууэ фиІэр ефхьэлІэ, «сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Зиусхьэным хуэфщІэ Іуэхур пщІэншэ зэрымыхъунур фощІэ» (1Кр 15:58).
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 15, абз. 13, 14, н. 121 ит рамкэр