Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сентябрым и 2—8

ПСАЛМЫ 79—81

Сентябрым и 2—8

29-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Алыхьым и цІэ лъапІэм хувиІэ лъагъуныгъэр вгъэлъагъуэ

(дакъ. 10)

Иеговэ зыгъэпуд сыт хуэдэ Іуэхугъуэми пэІэщІэ зыфщІ (Пс 79:9; w17.02-U 9, абз. 5).

Иеговэ и цІэр къевджэ (Пс 80:18; ijwbv-U 3, абз. 4, 5).

Иеговэ и цІэр фІыуэ зылъагъухэмрэ хуэжыІэдаІуэхэмрэ и нэфІ ящохуэ (Пс 81:13, 16).

Иеговэ ди дуней тетыкІэмкІэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, абы и Щыхьэту дызэрыщытыр цІыхухэм яжетІэн хуейщ

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 80:1. Сыт иныкъуэхэм деж Библиер Израил лъэпкъ 12-м Исуф и цІэкІэ щІеджэр? (it-1-U 1052, абз. 2, 3).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мк 2:1—17 (th 10-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(1 дакъ.) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библиер иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 4-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библиер иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 4-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

6. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библиер иджыну хуеймэ узэрыдэІэпыкъуфынур жеІэ (lmd 3-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

7. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 5) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библиер иджын зымыдэу щыта цІыхур хуэгъэуш ар иджын щІидзэну (lmd 8-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

10-нэ уэрэдыр

8. «Абы щыгъуэ абыхэм псоми си цІэр ягъэлъэпІэнущ»

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

ШейтІаным Іэдэн жыг хадэм Алыхьым пцІы щытрилъхьащ. Абы лъандэрэ дэтхэнэ зы цІыхуми, дэтхэнэ зы мелыІычми Алыхьым и цІэм пщІэ хуищІынрэ хуимыщІынрэ унафэ ищын хуейуэ щытщ.

ШейтІаным Иеговэ теухуауэ пцІы егъэІу. Псалъэм папщІэ, абы псоми я фІэщ ищІыну хэтщ Иеговэ гущІэгъу зыхэмылъ тепщэу щыту (ЩІэдз 3:1—6; Иов 4:18, 19). Абы жеІэ лъагъуныгъэм къыхэкІыу Иеговэ зыри хуэмылажьэу (Иов 2:4, 5). Иджыри ШейтІаным цІыху мелуан куэдым я фІэщ ищІащ мы дунейр Иеговэ къимыгъэщІауэ, атІэ ар езыр-езыру къэунэхуа хуэдэу (Рм 1:20, 21).

ШейтІаным и пцІым сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ? ДауикІ, уэ Иеговэ и цІэр згъэкъэбзэжарэт жыпІэу къыщІэкІынщ. Иеговэ ищІэт абы и цІэр зыгъэкъэбзэжыну хуеину цІыхухэр зэрыщыІэнур (Иса 29:23). Иеговэ и цІэр гъэкъэбзэжа хъун щхьэкІэ дэ сыт тхуэщІэнур?

  • Иеговэ къацІыхуну икІи ар фІыуэ ялъагъуну цІыхухэм фадэІэпыкъу (Ин 17:25, 26). Иеговэ зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр цІыхухэм къахуэфхьыну икІи абы и хьэл-щэн дахэхэм фахутепсэлъыхьыну хьэзыру фыщыт (Иса 63:7).

  • Гурэ псэкІэ Иеговэ фІыуэ флъагъу (Мт 22:37, 38). Иеговэ дыщІедэІуэн хуейр абы дифІ зэрыхэлъ закъуэм щхьэкІэкъым, атІэ ар дгъэгуфІэн щхьэкІи дедэІуэн хуейщ (Пр 27:11).

«Лъагъуныгъэр псоми полъэщ. Школым ущрихьэлІэ гугъуехьхэр» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  • Ариэльрэ Диегорэ Иеговэ и цІэм дапхуэдэу къызэрыщхьэщыжар?

  • Иеговэ и цІэм къыщхьэщыжыну ахэр хуэзыгъэушар сыт?

  • Абыхэм сыткІэ щапхъэ тетх хъуну?

9. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 90-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ