Сентябрым и 23—29
ПСАЛМЫ 88, 89
22-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Иеговэ — тепщэ нэхъыфІ дыдэщ
(дакъ. 10)
Иеговэ сыт и лъэныкъуэкІи захуагъэм тетщ (Пс 89:14; w17.06-U 28, абз. 5).
Абы и тепщэныгъэм цІыхухэм гуфІэгъуэ къахуехь (Пс 89:15, 16; w17.06-U 29, абз. 10, 11).
Иеговэ и тепщэныгъэр игъащІэкІэ щыІэнущ (Пс 89:34—37; w14-U 15/10 10, абз. 14).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Пс 89:35—37. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ абы дыкъызэригъэгугъэхэмрэ теухуауэ мазэм сыт къигъэлъагъуэр? (mwb 22.05 н. 8).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мк 3:16—35 (th 11-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН. Библиер зымыцІыху е ар зи фІэщ мыхъу цІыхум епсэлъэн (lmd 5-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ЦІыхур хуеймэ, Библие джыныр зэрекІуэкІыр егъэлъагъу (th 9-нэ урокыр).
6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ
(дакъ. 5) Псалъэ. ijwbq-U 181. Темэ: «Библиер зытеухуар сыт?» (th 2-нэ урокыр).
94-нэ уэрэдыр
7. Иеговэ и хабзэхэм утету упсэуным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым
(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.
Куэдым я гугъэщ сексымрэ нэчыхьымрэ теухуауэ Библием ит хабзэхэр ткІииІуэу икІи ди зэманым хуэмыкІуэу. Абы теухуауэ уэ сыт хуэдэ еплъыкІэ уиІэр? Алыхьым и хабзэхэм утету упсэуным нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр быдэу уи фІэщ хъурэ? (Иса 48:17, 18; Рм 12:2).
-
Къабзагъэм теухуауэ Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм дзыхь хуэтщІын щІыхуэмейр сыт? (Иер 10:23; 17:9; 2Кр 11:13—15; Еф 4:18, 19).
-
Къабзагъэм теухуауэ Иеговэ и хабзэхэм утетыным Іущагъ щІыхэлъыр сыт? (Ин 3:16; Рм 11:33; Тит 1:2).
Библием зэритымкІэ, къабзагъэм теухуауэ Иеговэ и хабзэхэм ебакъуэхэм абы «и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къалъысынукъым» (1Кр 6:9, 10). Ауэ а хабзэхэм дыщІытетын хуейм и щхьэусыгъуэр а зыракъым.
«Сыт си фІэщ зыщІыр. Алыхьым и хабзэхэм дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
-
Къабзагъэм теухуауэ Иеговэ къыдита и хабзэхэм дапхуэдэу дыкъызэрахъумэр?
8. Зэхуэсыр зыхуэныкъуэр
(дакъ. 5)
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 15, абз. 15—20