АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
ГъащІэр щыпфІэмыІэфІыжым деж
Іэиуб гъэунэхуапІэ щихуам и гъащІэр пщылІым и гъащІэм иригъэщхьащ (Иов 7:1; w06-U 15/3 14, абз. 10).
Іэиуб апхуэдизкІэ гугъу ехьти, и гум телъ хьэлъэ псори къиІуэтащ (Иов 7:11).
Абы лІэну нэхъ къищтэт (Иов 7:16; w20.12 16, абз. 1).
Уэри гъащІэр пфІэмыІэфІыжмэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ уи ныбжьэгъу гуэрым уи гурыщІэхэр жеІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, уи гум телъ хьэлъэр нэхъ псынщІэ хъунущ (g-U 1/12 16—17).