Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Адэ-анэхэ, Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр фи сабийхэм зрагъэгъуэтыну фадэІэпыкъу

Адэ-анэхэ, Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр фи сабийхэм зрагъэгъуэтыну фадэІэпыкъу

Ди зэІущІэхэр адэ-анэхэм я сабийхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ Іущагъыр зэрырагъэгъуэтын Іэмал нэхъыфІ дыдэхэм ящыщщ. Сабийхэм ди зэІущІэхэм щалъагъур, щызэхахыр икІи жэуап зэрыщатыр къадэІэпыкъунущ Иеговэ нэхъыфІу къацІыхуну икІи и ныбжьэгъу хъуну (Вт 31:12, 13). Адэ-анэхэм сэбэп яхуэхъуну чэнджэщхэр:

  • Ди зэІущІэхэр щекІуэкІ Унэм узэрыкІуэным хущІэкъу (Пс 22:22).

  • ЗэІущІэм ипэ е иужь къуэш, шыпхъухэм фадэуэршэрыну зэман къыхэфх (Евр 10:25).

  • ЗэІущІэхэм щыддж публикациехэр, ар электроннэу е тедзауэ ирехъу, унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми зэриІэным фыкІэлъыплъ.

  • Сабийхэм езыхэм я псалъэкІэ зэІущІэм жэуап щатыну фадэІэпыкъу (Мт 21:15, 16).

  • ЗэІущІэхэмрэ абы къыщытІэрыхьэ унафэхэмрэ щІэныгъэмрэ фІыкІэ фытепсэлъыхь.

  • Фи сабийхэм фадэІэпыкъу зэІущІэхэр щекІуэкІ Унэр щызэщІэткъуэкІэ ахэри абы хэтыну икІи балигъ къуэш, шыпхъухэм ядэуэршэрыну.

Иеговэ и ныбжьэгъу хъуну сабийм удэІэпыкъуныр, дауикІ, Іуэху тыншкъым, уеблэмэ, фи Іэр щефхьэхыни къыфхуихуэнкІэ хъунущ. Ауэ шэч къытевмыхьэ, Иеговэ фэ абыкІэ Іэмал имыІэу къывдэІэпыкъунущ (Иса 40:29).

«АДЭ-АНЭХЭ, ИЕГОВЭ КЪАРУ КЪЫЗЭРЫВИТЫНУМ ШЭЧ КЪЫТЕВМЫХЬЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Закрэ абы и щхьэгъусэ Лиерэ зэрезэшыр дапхуэдэут зэран къазэрыхуэхъур?

  • Къару къаритыну адэ-анэхэр Иеговэ сыт щІелъэІун хуейр?

  • Закрэ Лиерэ Иеговэ зэрыщыгугъыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар?