Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Ауан уащІу, къыпщыдыхьэшхыу лей къыщыптрагъэхьэм деж Иеговэ щыгугъ

Ауан уащІу, къыпщыдыхьэшхыу лей къыщыптрагъэхьэм деж Иеговэ щыгугъ

Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэм лей къыщытрагъэхьэ, ягу щыхагъэщІ къохъу. Я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ауан ящІу ныбжьыщІэр ягъэшынэмэ, Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм ар зэран хуэхъункІэ хъунущ. Зыгуэр къыпщыдыхьэшхмэ, лей къыптригъэхьэмэ, сыт пщІэ хъунур?

Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр абы зэрыщыгугъам и фІыгъэкІэ апхуэдэ гугъуехьым пэлъэщащ (Пс 18:17). Псалъэм папщІэ, Эсфирь Аман и мурад бзаджэхэр къыщІигъэщащ (Эсф 7:1—6). Абы ипэ къихуэу, Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум зэрыщыгугъыр къигъэлъагъуэу, Эсфирь нэщІ исащ (Эсф 4:14—16). Иеговэ абы дэІэпыкъури, езыри и лъэпкъри къригъэлащ.

Уэри ауан уащІу, къыпщыдыхьэшхыу лей къыптрагъэхьэмэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу икІи нэхъыжь гуэрым Іуэхур зыІутыр жеІэ, псалъэм папщІэ уи адэ, уи анэм. Иеговэ Эсфирь дэІэпыкъуащ, уэри ар къызэрыбдэІэпыкъуным шэч къытомыхьэ. Сыт иджыри къыбдэІэпыкъунур а гугъуехьым упэлъэщыну?

«НЫБЖЬЫЩІЭХЭМ Я ГЪАЩІЭР. ШКОЛЫМ ЛЕЙ КЪЫЩЫПТРАГЪЭХЬЭМЭ, СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

  • Чарлирэ Феринрэ я щапхъэр сыткІэ къыбдэІэпыкъуфыну?

  • Чарлирэ Феринрэ жаІэжам адэ-анэхэм сыт къыхахыфынур школым ауан щащІ я сабийм дэІэпыкъун щхьэкІэ?