Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ДИ ГЪАЩІЭР

Сыт сэ сщІэ хъунур Иеговэ и лъэпкъым и пщІэр къэсІэтын щхьэкІэ?

Сыт сэ сщІэ хъунур Иеговэ и лъэпкъым и пщІэр къэсІэтын щхьэкІэ?

ЦІыхухэм гу лъатэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я дуней тетыкІэм (1Кр 4:9). Мыпхуэдэ упщІэ зэттыж хъунущ: «Си псэлъэкІэм, си щытыкІэм Иеговэ игъэлъапІэу пІэрэ?» (1Пт 2:12). Дэ, дауикІ, дыхуейкъым Иеговэ и Щыхьэтхэм илъэс бжыгъэ куэдкІэ зэрагъэпэща пщІэр едудыхыну (Эк 10:1).

КъыкІэлъыкІуэ Іуэхугъуэхэм Алыхьым и лэжьакІуэр ихуэмэ, сыт ищІэн хуейми икІи сыт хуэдэ принцип къигъэсэбэп хъунуми тхы.

  • Иеговэ хуэмылажьэ гуэр къыптокІие.

  • Уи щыгъыныр, уи машинэр е уи унэр къабзэкъым.

  • Ущыпсэу къэралым къыдигъэкІа унафэм захуагъэ хэмылъу е бгъэзэщІэну гугъуу къыпщохъу.

Ди тхыгъэхэр къыдэзыгъэкІ отделым и исследовательскэ группэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм Иеговэ и организацэм и пщІэр дапхуэдэу къызэриІэтыр?

«ПОМОГАЕМ ДРУГИМ УВАЖАТЬ И ЦЕНИТЬ ИСТИНУ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:

Ди тхыгъэ къыдагъэкІхэм итыр пэжу щытын щхьэкІэ къару ирахьэлІэм сыт уигу ирихьар?