Февралым и 12—18
ПСАЛМЫ 5—7
118-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Иеговэ пэжу фыкъыхуэнэну нэгъуэщІхэм я ІуэхущІафэхэр зэран зыхуэвмыгъэхъу
(дакъ. 10)
НэгъуэщІхэм ялэжь Іуэхухэм Даут гуфІэгъуэр щыфІагъэкІуэд къэхъут (Пс 6:6, 7).
Даут Иеговэ деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэт (Пс 6:2, 9; w21.03 15—17, абз. 7, 8).
Даут нэгъэсауэ Иеговэ дзыхь хуищІти, пэжу къыхуэнэфащ (Пс 6:10).
ЗЭУПЩІЫЖ: «НэгъуэщІхэм Иеговэ къагъанэми, сэ абы пэжу сыкъыхуэнэн щхьэкІэ си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрысщІыным иужь сит?» (w20.07 8—9, абз. 3, 4).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
Пс 5:9. Алыхьым хуэмылажьэ цІыхухэм я жьэр «кхъэ мащэ зэІухащ» жиІэм къикІыр сыт? (it-2-U 70, абз. 12).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 18:1—17 (th 10-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН (lmd 1 урокыр, 3-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библием и гугъу умыщІу, Иеговэ и Щыхьэту узэрыщытыр цІыхум къыгурыгъаІуэ (lmd 2-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
6. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 2) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Къодэуэну хуей цІыхум епсэлъэн (lmd 4-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).
7. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ
(дакъ. 4) Диалог. ijwfq-U 64. Темэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр патриотическэ церемониехэм щІыхэмытыр сыт?» (lmd 3-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).
99-нэ уэрэдыр
8. Илъэс кІуам хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуам теухуа отчетыр
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. Илъэс кІуам хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуам теухуа отчетыр зэрыт филиалым къригъэхьа письмом къеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм елъэІу «Всемирный отчёт Свидетелей Иеговы за 2023 служебный год» жыхуиІэм щыщу я фІэгъэщІэгъуэн хъуар жаІэжыну. Зэман иІэу узыгурыІуа ди къуэш, ди шыпхъухэм илъэс кІуам хъыбарыфІыр щагъэІум къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн гуэрхэр жаІэжыну елъэІу.
9. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 5, абз. 16—22, н. 42 ит рамкэр