Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Февралым и 26 — мартым и 3

ПСАЛМЫ 11—15

Февралым и 26 — мартым и 3

139-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Залымыгъэ здэщымыІэ дунейм ущыпсэууэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ

(дакъ. 10)

Къэралым и унафэхэм цІыхухэр щІэтыну зэрыхуэмейм къыхэкІкІэ нобэ дыщыпсэу дунейр залымыгъэкІэ гъэнщІащ (Пс 11:2, 3; w06-U 15/5 18, абз. 3).

Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым куэд мыщІэу Иеговэ залымыгъэм кІэ къызэрыхуигъэкІуэнум (Пс 11:5; wp16.4-U 11).

Иеговэ дыкъригъэлыну дыкъызэригъэгугъэм дегупсысмэ, шыІэныгъэ тхэлъу дунеищІэм дежьэфынущ (Пс 13:5, 6; w17.08-U 7, абз. 15).

ЧЭНДЖЭЩ: Иезекииль 34:25 итым къеджи, шынагъэншэу дыщыпсэуну дунеищІэм ущыІэу уи нэгу къыщІэгъэхьэ (kr-U 236, абз. 16).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Пс 14:1. Мы едзыгъуэм зи гугъу ищІ гупсысэкІэр Иеговэ и лэжьакІуэхэми дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъункІэ хъунур? (w13-U 15/9 19, абз. 12).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 19:1—15 (th 2-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхур къегъэблагъэ (lmd 5-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(1 дакъ.) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхур къегъэблагъэ (lmd 3-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къебгъэблагъэ цІыхур и фІэгъэщІэгъуэну къодаІуэ (lmd 7-нэ урокыр, 4-нэ пунктыр).

7. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ

(дакъ. 5) lff 13-нэ урокыр, «Къэпщытэж», «Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх», «ПщІэ хъунур» жыхуиІэ рамкэхэр. «Нэхъыбэ къащІэ» жыхуиІэ рамкэм ит статьяхэм щыщ зы къэбгъэсэбэпу Алыхьыр дин нэпцІым зэрыхущытыр ебгъаджэм къыгурыгъаІуэ (th 12-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

8-нэ уэрэдыр

8. «Іэщэ нэхърэ Іущагъыр нэхъыфІщ»

(дакъ. 10). Зэгъусэу зэпкърыхын.

Залымыгъэр дунейм тез хъуащ икІи дэри ар къыщытлъэІэс къохъу. Ди Адэ лъапІэм ещІэ дэ абы егъэлеяуэ дызэригъэгузэвэфынур. Иеговэ дэ зыми димыгъэгужьейуэ, мамыру дыпсэуну дызэрыхуейр къыгуроІуэри, къыддэІэпыкъуну хьэзырщ. Ар къызэрыддэІэпыкъу Іэмалхэм ящыщ зыщ абы и Псалъэ Библиер (Пс 12:5—7).

Алыхьым и Псалъэм Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ куэд къыщыдгъуэтыфынущ. Экклезиаст 9:18 зэритымкІэ, «Іэщэ нэхърэ Іущагъыр нэхъыфІщ». Зытхъумэну къыддэІэпыкъу Библием ит принцип зыбжанэ мыбдеж къыщыхьащ:

  • Эк 4:9, 10. Уи закъуэу район шынагъуэхэм умыкІуэ икІи зэран къыщокІыфын Іуэхугъуэхэм зомыгъахуэ.

  • Пр 22:3. ЦІыху гупышхуэ ущыхыхьэкІэ сыт щыгъуи сакъ икІи набдзэгубдзаплъэу щыт.

  • Пр 26:17, Гъэсэпэтхыдэхэр. Уи Іуэху зыхэмылъ псалъэмакъ ухэмыІэбэ.

  • Пр 17:14. Зэрызехьэ къэхъеину къыпщыхъумэ, а щІыпІэм псынщІэу икІ. ЗыкъэзыІэт цІыху гупхэми пэІэщІэ зыхуэщІ.

  • Лк 12:15. Уи гъащІэр пфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэу уи мылъкур пхъумэну иужь уимыт.

«ФІэщхъуныгъэ зиІахэм щапхъэ тех: Лэмэх удэмыплъейуэ, Еныху дэплъей» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. Абы иужь къодаІуэхэм еупщІ:

ЩІыпІэ шынагъуэм щыпсэу унагъуэм и нэхъыжьым унафэ тэмэм къищтэну Еныху и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар? (Евр 11:5).

Иеговэ и лэжьакІуэм и гъащІэр е и мылъкур ихъумэн щхьэкІэ зыгуэр ищІэн хуейуэ къилъытэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж абы хузэфІэкІыр ищІэн хуейщ зыгуэр къыІэщІэмыукІэн е лъы имыгъэжэн щхьэкІэ (Пс 51:14). (2017 гъэм, июлым урысыбзэкІэ къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ статьям еплъ.)

9. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ кампаниер мартым и 2, щэбэтым щІидзэнущ

(дакъ. 5) Зэхуэсым и нэхъыжьым жиІэну псалъэ. Псалъэ гъэхьэзырамрэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэмрэ зэрекІуэкІыным икІи а зэманым фи щІыпІэм хъыбарыфІыр зэрыщагъэІуну щІыкІэм тепсэлъыхь. Мартымрэ апрелымрэ подсобнэ пионеру лэжьэну хуейхэм сыхьэт 15 къащтэну Іэмал зэраІэнур ягу къэгъэкІыж.

10. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 40-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ