147-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. ГъащІэ мыухыжкІэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэр сыт ди фІэщ щІэтщІ хъунур?
(дакъ. 10)
Иеговэ сыт щыгъуи щыІащ икІи щыІэнущ (Иов 36:26; w15-U 1/10 13, абз. 1, 2).
Абы къаруи Іущагъи иІэщ щІылъэм гъащІэр щигъэІэну (Иов 36:27, 28; w20.05 22, абз. 6).
ГъащІэ мыухыж диІэн щхьэкІэ тщІэн хуейр Иеговэ къыджеІэ (Иов 36:4, 22; Ин 17:3).
ГъащІэ мыухыж къыдитыну Алыхьым дыкъызэригъэгугъэр быдэу ди фІэщ зэрыхъур къыддоІэпыкъу гугъуехьхэм дыпэлъэщыну (Евр 6:19; w22.10 28, абз. 16).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Иов 37:20. Библиер щатха зэманым цІыхухэм хъыбархэр дапхуэдэут и нэхъыбэм къызэращІэу щытар? (it-2-U 314, абз. 6).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 16:1—12 (th 2-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) ЦІЫХУ КУЭД ЗДЭЩЫІЭ ЩІЫПІЭМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫГЪЭІУН (lmd 3-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).
5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ
(дакъ. 4) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН (lmd 2-нэ урокыр, 5-нэ пунктыр).
6. Уи фІэщ хъумкІэ адрейхэм дэгуашэ
(дакъ. 5) Псалъэ. ijwfq-U 57, абз. 5—15. Темэ: «Холокост зэманым Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт лей къыщІытрагъэхьэу щытар?» (th 18-нэ урокыр).
49-нэ уэрэдыр
7. Сымаджэщым уагъэгъуэлъын е операцэ уащІын хуей хъумэ, абы ухуэхьэзыру пІэрэ?
(дакъ. 15) Зэгъусэу зэпкърыхын. Зэхуэсым и нэхъыжьым ирегъэкІуэкІ.
Лъым теухуауэ Алыхьым къыдита унафэм дытетын щхьэкІэ Иеговэ и организацэм дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет (Апост 15:28, 29). Къэвгъэсэбэпу пІэрэ фэ а Іэмэпсымэхэр?
«Волеизъявление и доверенность относительно медицинского вмешательства» (dpa), «Удостоверение личности» (ic). Мы документхэм лъым теухуауэ цІыхум ищІа унафэр къыщыгъэлъэгъуащ. Псым зыщІэзыгъэуахэм «Волеизъявление и доверенность относительно медицинского вмешательства» жыхуиІэ документыр литературэм кІэлъыплъ къуэшым къыІырах хъунущ, илъэс 18 иримыкъуа я бынхэм щхьэкІи «Удостоверение личности» жыхуиІэр къащтэ хъунущ. Ахэр сыт щыгъуи къыздетхьэкІын хуейщ. Мы документхэр иджыри уимыІэмэ е ухэплъэжын хуеймэ, зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу абы иужь ихьэ.
«Информация для беременных» (S-401), «Информация для пациентов, которым требуется хирургическое вмешательство или химиотерапия» (S-407). Мы документхэр къыбдэІэпыкъунущ узыншагъэм пыщІа упщІэхэм, зэрызагъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ унафэ къэпщтэну, лъым теухуа упщІэхэри абы хэту. Уэ сабий уиІэнумэ, операцэ къыппэщылъмэ е онкологическэ узыфэ бгъэхъужмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм елъэІу уи Іуэхум хуэкІуэ документыр къыуатыну.
Сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитет. ЗыщагъэхъужкІэ лъыр къызэрагъэсэбэп Іэмалхэм теухуауэ дохутырхэми къуэш, шыпхъухэми информацие бгъэдалъхьэфу а комитетым хыхьэ къуэшхэр ирагъэджащ. Псалъэм папщІэ, лъы хэгъэлъэдэным и пІэкІэ щыІэ Іэмалхэм теухуауэ а къуэшхэр уи дохутырым епсэлъэфынущ икІи, хуей хъумэ, уи еплъыкІэм тету узыгъэхъужын дохутыр къыпхуагъуэтынущ. Абыхэм жэщми махуэми захуэбгъазэ хъунущ. Сымаджэщым уагъэгъуэлъынумэ, операцэ е процедурэ гуэр уащІын хуеймэ, псалъэм папщІэ, химиотерапие уащІыну къыппэщылъмэ, а комитетым хыхьэ къуэшхэм зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу захуэгъазэ, лъы хэгъэлъэдэным Іуэхур нэмысыну къыпщыхъуми. Ар ди шыпхъу лъэщыджэхэми ящІэн хуейщ. Сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетым хыхьэ къуэшхэм я телефон номерыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм къеІыпх хъунущ.
«Сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. Абы иужь къодаІуэхэм еупщІ:
Зыбгъэхъужын е операцэ уащІын хуей хъумэ, сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетым хыхьэ къуэшхэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30) bt пс. 4, абз. 9—12, н. 34 ит рамкэр