Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Январым и 22—28

ИОВ 38, 39

Январым и 22—28

11-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Иеговэ къигъэщІахэм укІэлъыплъыну зэман хухэпхрэ?

(дакъ. 10)

Иеговэ ди щІылъэр къищигъэщІым щыгъуэ зэман хухихт ищІар зэрыхъум еплъын щхьэкІэ (ЩІэдз 1:10, 12; Иов 38:5, 6; w21.08 9, абз. 7).

Иеговэ уафэри щІылъэри зэриухуэм кІэлъыплъын щхьэкІэ мелыІычхэм зэман хухахт (Иов 38:7; w20.08 14, абз. 2).

Иеговэ дзыхь нэхъ хуэтщІу дохъу абы къигъэщІахэм дыщыкІэлъыплъым, дыщегупсысым деж (Иов 38:32—35; w23.03 17, абз. 8).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Иов 38:8—10. Мы едзыгъуэхэм зэритымкІэ, дунейр зэрызэтриухуа щІыкІэм, хабзэ игъэувахэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдагъащІэр? (it-1-U 810, абз. 1, 2).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 16:13—28 (th 5-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 2) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Къопсэлъэну хуэмей цІыхум фІыкІэ бгъэдэкІыж (lmd 2-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум къытебгъэзэжурэ ущепсалъэкІэ

(дакъ. 5) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. ФІыуэ илъагъу цІыху куэд мыщІэу дунейм зэрехыжар къыбжезыІауэ щыта цІыхум иджыри зэ епсэлъэн (lmd 9-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

6. Псалъэ

(дакъ. 5) lmd 1 приложениер, 1 пунктыр. Темэ: «КъэхъукъащІэхэмрэ цІыхухэм я щытыкІэмрэ къагъэлъагъуэ куэд мыщІэу псоми зэрызихъуэжынур» (th 16-нэ урокыр).

ДИ ГЪАЩІЭР

111-нэ уэрэдыр

7. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дызэрыкІэлъыплъыр къыддэІэпыкъунущ ди гугъуехьхэм фІэкІ дымылъагъужу дымыхъуну

(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.

ШейтІаныр къызэрыпэщІэувам икІи и ныбжьэгъухэм зэрагъэкъуаншэм къыхэкІкІэ Іэиуб и щхьэм фІэкІ емыгупсысыжу икІи и гугъуехьхэм фІэкІ имылъагъужу хъуащ.

Иов 37:14 фыкъеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Сытыт Іэиуб ищІэн хуейр Алыхьым и еплъыкІэ зригъэгъуэтыжын щхьэкІэ?

Гугъуехьхэр къыщыттегуплІэм деж Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дызэрыкІэлъыплъыр къыддэІэпыкъунущ ди Алыхьым и лъэщагъыр дигу илъыну, абы хуэпэжу дыкъэнэну мурад быдэ диІэну икІи ар къыддэІэпыкъуну лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэм шэч къытедмыхьэну (Мт 6:26).

«Что мы узнаём из книги Иов. Животный мир» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэпщІыну мы видеор дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъур?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 54-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ