Январым и 29 — февралым и 4
ИОВ 40—42
124-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
1. Іэиуб теухуа хъыбарым сытым дыхуригъасэрэ?
(дакъ. 10)
Иеговэ ищІэм хуэдиз зэрыдмыщІэр фигу ивгъэлъ (Иов 42:1—3; w10-U 15/10 3—4, абз. 4—6).
Иеговэрэ абы и организацэмрэ къыдат чэнджэщхэм фытетыну хьэзыру фыщыт (Иов 42:5, 6; w17.06-U 25, абз. 12).
ГъэунэхуапІэ хьэлъэхэм емылъытауэ хуэпэжу къанэхэр Иеговэ егъэгуфІэж (Иов 42:10—12; Екъуб 5:11; w22.06 25, абз. 17, 18).
2. Тхыгъэм ит налкъутхэр
(дакъ. 10)
-
Иов 42:7. Іэиуб и ныбжьэгъу нэпцІхэр и пэжыпІэкІэ хэтыт зыщыдыхьэшхар? Ар къызэрыдгурыІуэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур нэгъуэщІхэр къызэрытщыдыхьэшхым еплъыкІэ тэмэм худиІэну? (it-2-U 141, абз. 6).
-
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
3. Библием къеджэн
(дакъ. 4) Мт 17:1—13 (th 11-нэ урокыр).
4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ
(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Библиер зымыцІыху е ар зи фІэщ мыхъу цІыхум епсэлъэн (lmd 5-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).
5. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ
6. Псалъэ
(дакъ. 4) lmd 1 приложениер, 2-нэ пунктыр. Темэ: «Ди щІылъэр зэи кІуэдыжынукъым» (th 13-нэ урокыр).
108-нэ уэрэдыр
7. Иеговэ и лъагъуныгъэр зыхащІэну адрейхэм фадэІэпыкъу
(дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын.
ЛъагъуныгъэкІэ зэхэлъ Алыхьым ухуэлэжьэну сыту гуапэ! (1Ин 4:8, 16). Абы и лэжьакІуэ дэтхэнэри фІыуэ елъагъу. Иеговэ и лъагъуныгъэм дыхуегъэуш абы гъунэгъу зыхуэтщІыну икІи ди гум гуфІэгъуэ илъу дыхуэлэжьэну.
Ди къарум къызэрихькІэ Иеговэ щапхъэ тетхыу, ди унагъуэм щыщхэм, ди къуэш, ди шыпхъухэм, дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытыну дыхущІокъу (Иов 6:14; 1Ин 4:11). Апхуэдэу щытщІэм деж дэ цІыхухэм дадоІэпыкъу Иеговэ къацІыхуну икІи гъунэгъу зыхуащІыну. Ауэ цІыхухэм щІыІэ-щІыІэу дахущытмэ, абыхэм я дежкІэ гугъу хъунущ Алыхьым фІыуэ къызэрилъагъур зыхащІэну.
«Иеговэ и унагъуэм лъагъуныгъэр зищІысыр къыщытщІащ» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:
Лъагъуныгъэ бгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Лэй Лэйрэ Мимирэ я хъыбарым дауэ къигъэлъагъуэрэ?
Иеговэ и лъагъуныгъэр ди къуэш, ди шыпхъухэм зыхедгъэщІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
-
Иеговэ фІыщэу илъагъу и мэл цІыкІухэм хуэдэу къуэш, шыпхъухэм яхущыт (Пс 100:3).
-
Уи псалъэхэмкІэ ахэр зэрыбгъэгушхуэным хущІэкъу (Еф 4:29).
-
Къуэш, шыпхъухэм гущІэгъу яхуэщІ (Мт 7:11, 12).
8. Библиер зэхуэсым щыджын
(дакъ. 30). bt пс. 5, абз. 1—8, н. 39 ит рамкэр