Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Январым и 8—14

ИОВ 34, 35

Январым и 8—14

30-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ | ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР

1. Лажьэ зимыІэ цІыхухэми лей къазэрытехьэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?

(дакъ. 10)

Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ зэи лей зэрихьэнукъым (Иов 34:10; wp19.1 8, абз. 2).

ЦІыху Іейхэм псори яхуэгъуу дэ къытщыхъункІэ хъунущ, ауэ Иеговэ псори елъагъу (Иов 34:21—26; w17.04-U 10, абз. 5).

Лей къызытехьахэм уазэрыдэІэпыкъу хъун Іэмал нэхъыфІ дыдэр — ар Иеговэ теухуауэ яжепІэныращ (Иов 35:9, 10; Мт 28:19, 20; w21.05 7, абз. 19, 20).

2. Тхыгъэм ит налкъутхэр

(дакъ. 10)

  • Иов 35:7. «Уэ къыббгъэдэкІыу сыт абы [Алыхьым] къыІэрыхьэр?» жиІэу Елиуй Іэиуб ирита упщІэм сыт къригъэкІар? (w17.04-U 29, абз. 3).

  • Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм къыщывгъуэта налкъутхэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

3. Библием къеджэн

(дакъ. 4) Мт 15:21—39 (th 10-нэ урокыр).

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ

4. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 3) УНЭ-УНЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Узэпсалъэ цІыхум Библие иджыну хуеймэ еупщІ (lmd 10-нэ урокыр, 3-нэ пунктыр).

5. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ

(дакъ. 4) НЕФОРМАЛЬНЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУН. Сабий зиІэ цІыхум адэ-анэхэм сэбэп къахуэхъун информацие jw.org сайтым къызэрыщигъуэт хъуну щІыкІэр егъэлъагъу (lmd 1 урокыр, 4-нэ пунктыр).

6. ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ

ДИ ГЪАЩІЭР

58-нэ уэрэдыр

7. Неформальнэу хъыбарыфІыр бгъэІурэ?

(дакъ. 15) Зэгъусэу зэпкърыхын.

Апостол Паул Тимофей къыхуриджэт: «Алыхьым и псалъэр гъэІу, а Іуэхум псэемыблэжу хэт» (2Тм 4:2, ДЩІ). Языныкъуэхэм деж «псэемыблэжу хэт» жиІэу зэрадзэкІа алыдж глаголыр сыт щыгъуи хьэзыру щыт сэлэтым е зауэм хэт хъумакІуэм хуэхьауэ къагъэсэбэпт. А псалъэм къикІыр фІыуэ хуокІуэ дэри цІыхум дыщепсалъэкІэ ди псалъэмакъыр Библием тедгъэхьэну сыт щыгъуи хьэзыру дызэрыщытым.

Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэмрэ абы къытхуищІэ псом щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэмрэ дыхуагъэуш ди Адэ ЛъапІэм и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну.

Псалом 71:8 фыкъеджэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм сытыт яжефІэну фызыхуейр?

ЦІыхухэм худиІэ лъагъуныгъэми дэ дыхуегъэуш неформальнэу хъыбарыфІыр дгъэІуну.

«ЦІыху щэ бжыгъэм пэжыр къызэращІар» ВИДЕОР гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ:

  •   Ди зы къуэшым хъыбарыфІыр неформальнэу зэригъэІуам и фІыгъэкІэ дапхуэдэу цІыху щэ бжыгъэм пэжыр къызэращІар?

  •   Члисэм екІуалІэу щыта цІыхухэм пэжыр къызэращІам сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къахуихьа?

  • ЦІыхухэм худиІэ лъагъуныгъэм дапхуэдэу дызэрыхуигъэушыр неформальнэу хъыбарыфІыр дгъэІуну?

  • Дауэ уеплърэ, хъыбарыфІыр неформальнэу зэрыдгъэІур цІыхухэм Иеговэ къызэребгъэцІыху хъун ІэмалыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?

8. Библиер зэхуэсым щыджын

КІэух псалъэхэр (дакъ. 3) | 138-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ