107 УЭРЭДЫР
Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох
-
1. Иеговэ и лъагъуныгъэр дагъуэншэщ,
Ар щапхъэфІ дэ тхуэхъуащ.
Унафэ къыдитхэм ар хыдолъагъуэ,
Гу къытлъитащ, пщІэ къытхуищІащ.
Къуэ закъуэр итащ, дэ фІыуэ дилъагъути,
Къытхуигъэгъуфащ гуэныхьыр, щыуагъэр.
Тхьэм фІыуэ делъагъу, дэ ар зыхыдощІэ,
ФІылъагъуныгъэ пэжыр аращ!
-
2. Ди яку лъагъуныгъэ дэлъу допсэу дэ,
Ар насыпщ, ар насыпщ!
Ныбжь зиІэм, нэхъ щІалэм дадоІэпыкъур
ПщІэ къуэшу хъуам дэ яхудощІ,
Дэ Хьисэ и хабзэм зэи дытекІынкъым.
Алыхьыр, къуэш, шыпхъухэр фІыуэ тлъагъунущ
Щыуагъэр дгъэгъунщ, гущІэгъу яхуэтщІынущ
АдэкІи щапхъэ ди Адэм тетхынщ!
-
3. Ди зэкъуэтыныгъэр махуэ къэс хохъуэ,
Зы унагъуэу дыщытщ.
Жэнэтым дис хуэдэу дынасыпыфІэщ.
Тхьэр къыдолъэІу: «Щапхъэ къыстех,
Уэ сызэхэщІыкІи, си гур хэгъахъуэ.
Си ПсалъэмкІэ гур, акъылыр щІы къабзэ».
Уигу къагъэкІыжынщ ныбжьэгъухэм иужькІэ:
«Тхьэм лъагъуныгъэ пэж къыбгъэдокІ».
(Абы нэмыщІ феплъ Рим 12:10; Еф. 4:3; 2 Пет. 1:7.)