16 УЭРЭДЫР
Иеговэ къыхиха Мэссихьыр вгъэлъапІэ
-
1. Иеговэ Пащтыхь къыхихащ,
Ди щІылъэри ІэщІилъхьащ.
Захуагъэм тетщ Хьисэ сыт щыгъуи,
Абы дунеижьыр Іуихынщ.
ЕЖЬУ
Иаг щІыхь хуэфщІ — Къуэ щІасэр Пащтыхь хъуащ,
Абы и лъэныкъуэр тІыгъынщ.
Мэлыхъуэм и макъыр дэ зэхыдох,
И ужь сытым щыгъуи дитщ.
Иаг щІыхь хуэфщІ — Къуэ щІасэр Пащтыхь хъуащ.
Алыхьым и жыІэм ар щІэтщ,
УвыпІэ иІыгъми щІыхь абы хуещІ
ИкІи и цІэм пщІэшхуэ хуещІ.
-
2. Тхьэм Хьисэ и къуэшхэр хихащ,
Таж лъапІэри яритынщ.
Абыхэм ІыхьэфІ ялъысынущ,
Алыхьым и псалъэр къэхъунщ.
ЕЖЬУ
Иаг щІыхь хуэфщІ — Къуэ щІасэр Пащтыхь хъуащ,
Абы и лъэныкъуэр тІыгъынщ.
Мэлыхъуэм и макъыр дэ зэхыдох,
И ужь сытым щыгъуи дитщ.
Иаг щІыхь хуэфщІ — Къуэ щІасэр Пащтыхь хъуащ.
Алыхьым и жыІэм ар щІэтщ,
УвыпІэ иІыгъми щІыхь абы хуещІ
ИкІи и цІэм пщІэшхуэ хуещІ.
(Абы нэмыщІ феплъ Прит. 29:4; Ис. 66:7, 8: Ин. 10:4; Апок. 5:9, 10.)