Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

42 УЭРЭДЫР

Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и лъэІу

Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и лъэІу

(Ефес 6:18)

  1. 1. ЛъэІукІэ, Иеговэ, зыпхудогъазэр.

    Мы щІылъэм уи цІэр дэ щыдгъэлъэпІэнущ.

    Уэ уи Іэмырыр игъуэу кърехъу,

    Уи Пащтыхьыгъуэр щІылъэм кърекІуэ.

    НасыпыфІэ уэ дыпщІынщ,

    Мамырыгъэр щІым тетынщ.

  2. 2. Адэ, уэ фІыгъуэ куэд къысхубощІэ

    Сэ жэщи махуи фІыщІэ уэ пхуэсщІынущ.

    Нэху сэ си гъащІэм къытебгъэпсащ,

    Уэ уи Іущагъ, чэнджэщ къызэптащи.

    Уи фІылъагъуныгъэр куущ,

    Уи цІэм и пщІэр къэсІэтынщ.

  3. 3. ГъащІэр гъэнщІащ бэлыхькІэ, гугъуехькІэ.

    Сэ сыпщогугъ быдапІэ усхуэхъуну.

    Си гуныкъуэгъуэхэр ббгъэдэслъхьэнщ.

    Сэ сыхуэныкъуэщ уи къару лъэщым.

    Уэ къысхуэхъу сэ щІэгъэкъуэн,

    ИкІэм нэс сыпхуэпэжынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 36:9; 50:14; Ин. 16:33; Екъуб 1:5.)