85 УЭРЭДЫР
ЦІыхухэр гуапэу къевгъэблагъэ
(Рим 15:7)
-
1. Псы хуэлІэ псори Адэм зэхуешэс,
Іущагъ и Псалъэм уэ къыщыгъуэт.
ГъащІэ къозыт и пэжыр зэІухащ,
Дигу фІыщІэ илъу дыкъеблэгъэнущ и деж.
-
2. Къуэшхэм дэ икъукІэ дахуэарэзыщ —
Ди фІагъ къалъыхъуэ, сэбэп къытхуохъу.
Дигу мамырыгъэ, гузэгъэгъуэ илъщ.
Ди яку дэлъ ныбжьэгъугъэр сыт щыгъуи тхъумэнщ.
-
3. Дэ цІыху Іэдэбхэр нобэ къэтлъыхъуэнщ,
Абыхэм гъуэгу пэжыр къедгъэщІэнщ.
Хьисэщ Иеговэ деж дыкъэзышар,
Иджы адрейхэр гуапэу дэ къедгъэблэгъэнщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Ин. 6:44; Флп. 2:29; Апок. 22:17.)