Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Алыхьым илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр

Алыхьым илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр

10-нэ урок

Алыхьым илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэр

Алыхьым дежкІэ Іуэхугъуэ Іейхэм сыт хуэдэ еплъыкІэ уэ хуиІэн хуейр? (1)

Сыт хуэдэ сексуальнэ хьэл-щэн уиІэну пхэнжыр? (2)

Сыт хуэдэ еплъыкІэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэм хуаІэн хуейр пцІым? (3) дэзыхьэх джэгукІэхэм? (3) дыгъуэным? (3) залымыгъэм? (4) Іэзэгъуазэм? (5) ефэным дихьэхыным? (6)

Дауэ цІыхум зыхина хъуну а Іуэхугъуэ Іейхэр? (7)

1. Алыхьым хуэлажьэхэм фІыуэ ялъагъу фІыр. Ауэ абыхэм апхуэдэуи Іейри ялъагъу мыхъуу зрагъэсэн хуейщ (Забур 96:10). Абы къикІыр зыщыддзеин хуейуэ аращ Алыхьым илъагъу мыхъу Іуэхугъуэхэм. Сыт хуэдэхэм?

2. Зинэ́. Нэчыхьыншэу къэкІухьыныр, щхьэгъусэр мыгъэпэжыныр, Іэщым игъусэныр, зэІыхьлыуэ зэрышэныр, цІыхухъум цІыхубз папщІэу бгъэдыхьэныр — псори ахэр гуэныхьышхуэщ Алыхьым дежкІэ (3 Мусэ 18:6; Рим 1:26, 27; 1 Коринф 6:9, 10). ЦІыхуитІым нэчыхь ямыІэу зэдэпсэумэ, зэбгъэдэкІыжмэ е нэчыхь ирагъэтхмэ нэхъыфІщ (Еврейхэм 13:4).

3. ПцІыр, дэзыхьэх джэгукІэхэр, дыгъуэныр. Алыхь Иеговэ зэикІ пцІы жиІэкъым (Тит 1:2, СБ). Абы и щытхъу къэзыхьыну хуейхэми пцІы яупс хъунукъым (Ущие 6:16—19; Колоссэ 3:9, 10). Сыт хуэдэ дэзыхьэх джэгукІэми нэпсеягъэ къешэ. Абы къыхэкІкІэ, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр джэгуркъым сыт хуэдэ дэзыхьэх джэгукІи: лотерея, шыгъажэ, бинго (Ефес 5:3—5). Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр апхуэдэуи дыгъуэркъым. Абыхэм ящІэу къащэхуркъым къэдыгъуауэ ящэжыр, е емыупщІу нэгъуэщІым и хьэпшып къащтэркъым (2 Мусэ 20:15; Ефес 4:28).

4. Губжьыныгъэ, залымыгъэ. Пхуэмыубыдыж губжьым залымыгъэм ухуишэнкІэрэ хъунущ (1 Мусэ 4:5—8). Залымыгъэ зезыхьэ цІыхур Алыхьым ныбжьэгъу хуэхъуфынукъым (Забур 10:5; Ущие 22:24, 25). Уилъ пщІэжыныр, е нэгъуэщІым Іей къыуищІар епщІэжыныр тэмэмкъым (Ущие 24:29; Рим 12:17—21).

5. Удыгъэ, Іэзэгъуазэ. Языныкъуэ цІыхухэм узхэр ягъэхъуыжыну хуейуэ духхэм я къарур къагъэсэбэп. НэгъуэщІхэм хьэпэщыпхэ ирагъэщІ я жагъуэгъухэр сымаджэ ящІын е ягъэлІэн щхьэкІэ. А Іуэхугъуэ псоми и щІыб къыдэтыр Иблисщ. Абы къыхэкІкІэ, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр апхуэдэ Іуэхугъуэхэм хэт хъунукъым (5 Мусэ 18:9—13). Иеговэ гъунэгъуу убгъэдэтмэ, нэгъуэщІым пхуригъэщІа хьэпэщыпхэм нэхъыфІу щыхъума ухъунущ (Ущие 18:10).

6. Ефэным дихьэхыныгъэ. Зыри Іей хэлъкъым шагъыр, пивэ е нэгъуэщІ фадэ тІэкІу уефэным (Забур 103:15; 1 Тимофей 5:23). Ауэ куэд уефэныр е ефэрейуэ ущытыныр къезэгъыркъым Алыхьым дежкІэ (1 Коринф 5:11—13; 1 Тимофей 3:8). Фадэ куэд уефэмэ, уи узыншагъэри игъэкІуэдынущ, уи унагъуэри икъутэнущ. Абы нэмыщІкІэ, егъэлеяуэ фадэ ефэр нэгъуэщІ Іуэху Іейхэм тыншу дихьэхыфынущ (Ущие 23:20, 21, 29—35).

7. Алыхьым Іейуэ жыхуиІэ Іуэхугъуэхэр зылэжь цІыхухэм «Тхьэм и ТепщэныгъэмкІэ Іыхьэ къалъысынукъым» (Галатие 5:19—21). Уэ пэжу Алыхьыр фІыуэ плъагъуу щытмэ, е ар зыхуейр пщІэну ухуеймэ, плъэкІынущ а Іуэхугъуэ Іейхэр къэбгъэнэн (1 Иуан 5:3). Плъагъу мыхъуу зегъасэ Алыхьым фІэмыфІ Іуэхугъуэхэр (Рим 12:9). Абы фІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъ цІыхухэм ягъусэ (Ущие 13:20). Хьисэ и гъуэгу ирикІуэу нэхъыбэ зыщІэ уи ныбжьэгъухэр къыбдэІэпыкъуфынущ (Екъуб 5:14). Псом хуэмыдэу Алыхьым и дэІэпыкъуныгъэм уи тхьэлъэІумкІэ щыгугъ (Филиппи 4:6, 7, 13).

[Сурэтхэр, 20-нэ, 21-нэ напэкІуэцІхэр]

Иеговэ илъагъу хъукъым фадэфагъэр, дыгъуэныгъэр, дэзыхьэх джэгукІэхэр, залымыгъэр.