Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Алыхьым хуэлэжьэн мурад щІын

Алыхьым хуэлэжьэн мурад щІын

16-нэ урок

Алыхьым хуэлэжьэн мурад щІын

Сыт пщІэн хуейр, Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъун щхьэкІэ? (1, 2)

Дауэ уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэм зэриплъхьэнур? (1)

Дэпщэщ псым зыщІэбгъауэ щыхъунур? (2)

Дэнэ къару къыздипхынур, Алыхьым хуэпэжу укъэнэн щхьэкІэ? (3)

1. Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъун щхьэкІэ, уэ Библием ит пэжым куууэ щыгъуазэ зыхуэпщІын хуейщ (1 Тимофей 2:3, 4), къэпщІар уи фІэщ хъун хуейщ (Еврейхэм 11:6), гуэныхь пщІахэм ухущІегъуэжын хуейщ (Апостолхэм 17:30, 31), уи гъащІэ гъуэгур пхъуэжын хуейщ (Апостолхэм 3:19). ИтІанэ Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэм ухуигъэушын хуейщ уэ уи гъащІэр абы и ІэмыщІэм иплъхьэну. Абы къикІыращ, уи закъуэу, зыми зэхимыхыу, тхьэлъэІукІэ Алыхьым жепІэнырщ, уи гъащІэр абы и ІэмыщІэм зэриплъхьэр, зыхуейр бгъэзэщІэн щхьэкІэ (Матфей 16:24; 22:37).

2. Уи гъащІэр тхьэлъэІукІэ Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьа иужькІэ, псым зыщІэбгъауэ хъунущ (Матфей 28:19, 20). Псым зэрызыщІэбгъауэм адрей псоми къагурегъаІуэ уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм зэриплъхьар. Абы щхьэкІэ, Алыхьым и Іуэхур игъэзэщІэфыну унафэ къызыхуэщтэну цІыху балигъыращ псым зызыщІэзыгъэуэну хуитыр. ЦІыхур псым щыщІагъауэкІэ абы и Іэпкълъэпкъыр псори напІэзыпІэкІэ псым щІигъэнэн хуейщ * (Марк 1:9, 10; Апостолхэм 8:36).

3. Иеговэ уи гъащІэр и ІэмыщІэ иплъхьа иужькІэ, уэ ар къыпщыгугъынущ къызэрыбгъэгугъам утету упсэуну (Забур 49:14; Екклесиаст 5:3, 4). Иблис хэтынущ Иеговэ ухуимыгъэлэжьэну (1 Петр 5:8). Ауэ уи тхьэлъэІухэмкІэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэщІ (Филиппи 4:6, 7). Махуэ къэс абы и Псалъэм еджэ (Забур 1:1—3). ЗэІущІэм кІуэ (Еврейхэм 13:17). Ахэр псори пщІэмэ, уэ къэбгъуэтынущ Алыхьым хуэпэжу укъызэрынэфын къару. Апхуэдэ щІыкІэкІэ уэ игъащІэ псокІэ пхуэгъэзэщІэнущ Алыхьым къыпхуигъэувхэр!

[Сноскэ]

^ абз. 2 Псым зэрызыщІэбгъэуэным зыхуэбгъэхьэзырын щхьэкІэ, бджын хуейщ тхылъ «Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэр» е абы хуэдэ публикацэ ХъумакІуэ Чэщанэм и Обществэм къыдигъэкІам.