Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Алыхьыр зыхуейр ягъэзэщІэну адрейхэм дауэ уадэІэпыкъуфыну

Алыхьыр зыхуейр ягъэзэщІэну адрейхэм дауэ уадэІэпыкъуфыну

15-нэ урок

Алыхьыр зыхуейр ягъэзэщІэну адрейхэм дауэ уадэІэпыкъуфыну

Сыт цІыхухэм щІажепІэн хуейр уэ къапщІэ фІыр? (1)

Хэт хъыбарыфІыр зыжепІэн хуейр? (2)

Уэ уи щытыкІэм зыгуэр иІыгъ, цІыхухэр къодэІуэн щхьэкІэ? (2)

Дэпщэщ щыщІэбдзэ хъунур уздэкІуэ зэІущІэм я гъусэу хъыбарыфІыр пІуатэ? (3)

1. Иджы уэ къэпщІащ фІы куэд Библием иту. А къэпщІахэр сэбэп къыпхуэхъун хуейщ уэ, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм яхэлъын хуей хьэл-щэнхэр зыхэплъхьэн щхьэкІэ (Ефес 4:22—24). Апхуэдэуи, адэкІэ нэхъыбэж къэпщІэн хуейщ, мыухыж гъащІэр бгъуэтын щхьэкІэ (Иуан 17:3). Адрей цІыхухэри къелын щхьэкІэ, хъыбарыфІыр зэхахын хуейщ. Хьисэ и гъуэгу пэжу тет дэтхэнэми адрей цІыхухэм хуаІуэтэн хуейщ хъыбарыфІыр. Ар Алыхьым и унафэщ (Рим 10:10; 1 Коринф 9:16; 1 Тимофей 4:16).

2. Уэ щІэбдзэ хъунущ къэпщІа фІыр нэхъ уи гъунэгъухэм яжепІэн. ЯжеІэ ар уи унагъуэм, ныбжьэгъухэм, школым къыбдеджэхэм, уи лажьэгъухэм. Апхуэдэм деж цІыхуфІу, тэмакъкІыхьу щыт (2 Тимофей 2:24, 25). Зыщомыгъэгъупщэ, цІыхухэр нэхъыбэу зэплъыр цІыхум и хьэл-щэныращ, абы жиІэм нэхърэ. Абы къыхэкІкІэ, уи хьэл-щэныфІым уэ жыпІэ хъыбарыфІым цІыхухэм гу лъригъэтэнущ (Матфей 5:16; 1 Петр 3:1, 2, 16).

3. Зэман дэкІмэ, уи щІыпІэм щыІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу хъыбарыфІыр адрейхэм яхуэпІуэтэну хуитыныгъэ къуатынущ. Ар мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэщ узытеува Хьисэ и гъуэгум (Матфей 24:14). Сыту гуфІэгъуэшхуэ зыгуэрым ущыдэІэпыкъум деж Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну икІи мыухыж гъащІэр иІэну! (1 Фессалоникэ 2:19, 20).