Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Алыхьыр зэрыарэзы унагъуэ гъащІэр

Алыхьыр зэрыарэзы унагъуэ гъащІэр

8-нэ урок

Алыхьыр зэрыарэзы унагъуэ гъащІэр

Сыт хуэдэ увыпІэ щиІэ унагъуэм цІыхухъум? (1)

Дауэ цІыхухъур и щхьэгъусэм зэрыхущытын хуейр? (2)

Сыт хуэдэ къалэн адэм иІэхэр? (3)

Сыт хуэдэ мыхьэнэ щиІэ унагъуэм цІыхубзым? (4)

Сыт Алыхьым къахуигъэувыр адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ? (5)

Тхыгъэ ЛъапІэр дауэ еплърэ зэпэщхьэхуэу псэунымрэ нэчыхьыр къутэжынымрэ? (6, 7)

1. Тхыгъэ ЛъапІэм жеІэ цІыхухъур унагъуэм и унафэщІу (1 Коринф 11:3). ЦІыхухъум иІэн хуейр зы щхьэгъусэ закъуэщ. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ я нэчыхьыр ятхын хуейщ къэралым къищтэ хабзэм тету (1 Тимофей 3:2; Тит 3:1).

2. ЦІыхухъум и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъун хуейщ, езым зэрызилъагъужым хуэдэу. Ар абы хущытын хуейщ, Хьисэ иужь къиувахэм язэрыхущытам хуэдэу (Ефес 5:25, 28, 29). ЦІыхухъур и щхьэгъусэм еуэ хъунукъым, е нэгъуэщІ гуэру Іейуэ хущыт хъунукъым. АтІэ, абы пщІэрэ нэмысрэ хуищІын хуейщ (Колоссэ 3:19; 1 Петр 3:7).

3. Адэм и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ, егугъуу лэжьэн хуейщ. Абы и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ ерыскъыкІэ, щыгъынкІэ, псэупІэкІэ зыхуей хуигъэзэн хуейщ. Апхуэдэуи духовнэкІэ адэм и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн хуейщ (1 Тимофей 5:8). Абы къалэныр къещтэ и унагъуэм дэІэпыкъуурэ Алыхьыр яригъэцІыхунымкІэ, абы и мурадхэр яригъэщІэнымкІэ (5 Мусэ 6:4—9; Ефес 6:4).

4. Фызыр щытын хуейщ и щхьэгъусэм и дэІэпыкъуэгъу пэжу (1 Мусэ 2:18). Ар дэІэпыкъун хуейщ и щхьэгъусэм бынхэр егъэджэнымкІэ, гъэсэнымкІэ (Ущие 1:8). Иеговэ цІыхубзым хуегъэув и унагъуэм лъагъуныгъэ хуиІэу кІэлъыплъын хуейуэ (Ущие 31:10, 15, 26, 27; Тит 2:4, 5). Абы пщІэшхуэ хуищІын хуейщ и щхьэгъусэм (Ефес 5:22, 23, 33).

5. Алыхьым егъэув бынхэр адэ-анэм едэІуэн хуейуэ (Ефес 6:1—3). Адэ-анэхэми яхуегъэув я бынхэр ягъэсэну, щыуагъэ ящІами гъуэгу захуэ трагъэувэжыну. Іэмал имыІэу адэ-анэхэм хахын хуейщ зэман я бынхэм я гъусэну, Тхъыгъэ ЛъапІэми еджэну, апхуэдэ щІыкІэкІэ духовнэрэ эмоциональнэрэкІэ зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ (5 Мусэ 11:18, 19; Ущие 22:6, 15). Адэ-анэхэм пхъашэу икІи ткІийуэ ягъасэ хъунукъым я бынхэр (Колоссэ 3:21).

6. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщыдэхъуэм деж, ахэр хэтын хуейщ Тхыгъэ ЛъапІэм ит чэнджэщхэр къагъэсэбэпыну. Тхыгъэ ЛъапІэм дыхуреджэ лъагъуныгъэрэ гъэгъуныгъэрэ тхэлъыну (Колоссэ 3:12—14). Алыхьым и Псалъэм хуриджэкъым мыхьэнэшхуэ зимыІэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ зэщхьэгъусэхэр зэпэщхьэхуэу псэуну. Ауэ цІыхубзыр и щхьэгъусэм пэщхьэхуэу псэуну хуитщ 1) абы и унагъуэр зыхуей хуигъэзэн ерыщу имыдэмэ, 2) щытыкІэ ткІий иІэу фызым и узыншагъэмкІэ и гъащІэмкІэ шынагъуэ иритмэ, е 3) Иеговэ хуэлэжьэнымкІэ хуабжьу пэрыуэмэ (1 Коринф 7:12, 13).

7. Зэщхьэгъусэхэр зэхуэпэжу щытын хуейщ. Нэчыхьым епцІыжыныр — гуэныхьщ Алыхьым дежи, щхьэгъусэм дежи (Еврейхэм 13:4). Тхыгъэм зэрыжиІэмкІэ зы щхьэусыгъуэ закъуэщ щыІэр узэбгъэдэкІыжу нэгъуэщІ нэчыхь щІебгъэтх хъуну — ар зинэ́щ (Матфей 19:6—9; Рим 7:2, 3). Иеговэ илъагъу хъукъым цІыхухэр Тхыгъэм имыт щхьэусыгъуэкІэ зэбгъэдэкІыжу, нэгъуэщІым нэчыхь щыхурагъэтхым деж (Малахие 2:14—16).

[Сурэтхэр, 16-нэ, 17-нэ напэкІуэцІхэр]

ФІылъагъуныгъэ зиІэ адэм и унагъуэр зыхуей — зыхуэныкъуэмкІи Алыхьым и Псалъэр джынымкІи зыхуей хуегъазэ

[Сурэт, 17-нэ напэкІуэцІ]

Алыхьым адэ-анэхэм яхуегъэув я бынхэр ягъэсэну, щыуагъэ ящІами, гъуэгу захуэ трагъэувэжыну