Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр?

Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр?

6-нэ урок

Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр?

Дэнэ здэщыІэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр? (1)

Хэт абы и Пащтыхьыр? (2)

Пащтыхьым и пащтыхьыгъуэр зыгуэрхэм дызэрахьэу пІэрэ? Дызэрахьэмэ, дапщэ ахэр зэрыхъур? (3)

Сыт дэзыгъэлъагъур иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур? (4)

Сыт къахуихьыну цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэман къэкІуэнум? (5—7)

1. Хьисэ щІылъэм щыщыІам и гъуэгу ирикІуэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къэкІуэн щхьэкІэ Тхьэ елъэІуну иригъасэт. Пащтыхьыгъуэр — ар правительствэщ, абы и тетыр пащтыхьщ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зыми хуэмыдэ правительствэщ. Ар здэщыІэр уафэращ икІи мы щІым щытепщэу щытынущ. А Пащтыхьыгъуэм Алыхьым и цІэр лъапІэ ищІыжынущ. Абы Алыхьыр зыхуейр уафэм щыгъэзэщІа зэрыщыхъум хуэдэу щІылъэми гъэзэщІа щыхъуу ищІынущ (Матфей 6:9, 10).

2. Алыхьым жиІащ Езым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу Хьисэ щытыну (Лука 1:30—33). Хьисэ щІым щыщыІам игъэлъэгъуащ ар щабэу, захуащІэу, дагъуэншэ Іэтащхьэу зэрыщытынур. Хьисэ уафэм игъэзэжа иужькІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь увыпІэр занщІэу иубыдакъым (Еврейхэм 10:12, 13). 1914 гъэм Иеговэ Хьисэ къызэригъэгугъа тепщэныгъэр иритащ. А зэманым къыщыщІэдзауэ Хьисэ уафэм щыхъуащ Иеговэ тригъэува Пащтыхь (Даниил 7:13, 14).

3. Абы нэмыщІкІэ, Иеговэ къыхихащ цІыху пэжхэм щыщ цІыхухъуи цІыхубзи щІылъэм икІыу уафэм кІуэну. Ахэр хъунущ пащтыхьхэу, хеящІэхэу, динпашэхэу икІи Хьисэ и гъусэу ахэр цІыхубэм я тепщэу щытынущ (Лука 22:28—30; Апокалипсис 5:9, 10). Хьисэ и Пащтыхьыгъуэм и гъусэнухэм «гуп мащІэ» яфІищащ. Абыхэм я бжыгъэр 144 000-рэщ (Лука 12:32; Апокалипсис 14:1—3).

4. Хьисэ Пащтыхь зэрыхъуу, ШейтІанымрэ абы и мелыІыч бзаджэхэмрэ уафэм къридзыхащ щІылъэм и гъунэгъуу. Мис аращ 1914 гъэм къыщыщІэдзауэ щІылъэм и Іуэху щытыкІэхэр апхуэдэу Іей щІэхъуар (Апокалипсис 12:9,12). Зауэхэр, гъаблэр, уз зэрыцІалэхэр, бзаджагъэм зэрыхэхъуэр — псори ахэр Хьисэ зэрытепщэмрэ мы дунейм иужьрей махуэхэр зэрекІуэкІымрэ и «нэщэнэщ» (Матфей 24:3, 7, 8, 12; Лука 21:10, 11; 2 Тимофей 3:1—5).

5. Куэд мыщІэу Хьисэ цІыхухэм хьэкум ятрищІыхьынурэ зэхидзынущ, мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзым хуэдэу. «Мэлхэр» — ахэр гурэ-псэкІэ абы и лъабжьэ зэрыщІэтыр зыгъэлъэгъуэнухэращ. Абыхэм мыухыжын гъащІэ щІылъэм къащылъысынущ. «Бжэнхэр» — Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зымыдэнухэращ (Матфей 25:31—34, 46). Куэд мыщІэу Хьисэ игъэкІуэдыжынущ бжэнхэм хуэдэхэр (2 Фессалоникэ 1:6—9). Ауэ уэ Хьисэ и «мэлхэм» уащыщыну ухуеймэ, уедэІуэн хуейщ Пащтыхьыгъуэм и хъыбарым икІи а къэпщІахэр бгъэзэщІэн хуейщ (Матфей 24:14).

6. Иджыпсту щІылъэр къэрал куэдкІэ гуэшащ. Къэрал къэс езым и правительствэ иІэжщ. Ахэр щІэх-щІэхыурэ зозауэ. Ауэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр цІыху правительствэ псом я пІэ иувэнущ. ЩІылъэ псом тепщэу щыІэнур а правительствэ закъуэращ (Даниил 2:44). Абы щыгъуэ щыІэнукъым зауи, щІэпхъэджагъи, залымыгъи. ЦІыху псори зэкъуэту, мамыру псэунущ (Михей 4:3, 4).

7. Хьисэ и Илъэсмин Пащтыхьыгъуэм деж цІыху пэжхэр дагъуэншэ хъужынущ, щІылъэри жэнэт хъунущ. А илъэс миным и кІэм ирихьэлІэу Хьисэ Алыхьыр къызэрелъэІуа псори игъэзэщІэнущ. ИтІанэ абы Пащтыхьыгъуэр иритыжынущ и Адэм (1 Коринф 15:24). Щхьэ жепІэ мыхъурэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ищІэнухэр уи ныбжьэгъухэми уи благъэхэми?

[Сурэт, 13-нэ напэкІуэцІ]

Хьисэ и тепщэгъуэм деж щыІэнукъым фІыуэ зэрымылъагъуи лъэпкъ зэхэдзи.