Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сыт хуэдэ мурад Алыхьым мы щІылъэм хуиІэр?

Сыт хуэдэ мурад Алыхьым мы щІылъэм хуиІэр?

5-нэ урок

Сыт хуэдэ мурад Алыхьым мы щІылъэм хуиІэр?

Сыт Иеговэ щІыр щІищІар? (1, 2)

Сыт мы щІыр иджыпсту щІэмыжэнэтыр? (3)

Сыт къащыщІынур цІыху бзаджэхэм? (4)

КъэкІуэну зэманым сыт Хьисэ яхуищІэнур сымаджэхэм? жьы хъуахэм? лІахэм? (5, 6)

Сыт щІэн хуейр къэкІуэну фІыгъуэхэр къытлъысын щхьэкІэ? (7)

1. Иеговэ мы щІыр щІищІар абы игъащІэкІэ цІыхухэр насыпыфІэу щыпсэун щхьэкІэщ. Ар хуеящ сыт щыгъуи цІыхубэ пэжхэм, насыпыфІэхэм мы щІылъэр я псэупІэу щытыну (Забур 113:24; Исай 45:18). ЩІыр зэикІ къутэжынукъым, ар игъащІэкІэ щыІэнущ (Забур 103:5; Еклесиаст 1:4).

2. ЦІыхур къигъэщІын ипэкІэ, Алыхьым мы щІылъэм щыщу зы Іыхьэ къыхихри ар жэнэт дахащэ ищІащ. Абы фІищащ Едем жыг хадэ. Абы иригъэтІысхьащ япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ: Іэдэмрэ Хьэуарэ. Алыхьыр хуеящ абыхэм бын яІэу, щІылъэр тез ящІыну. Хуэм-хуэмурэ абыхэм щІыр зэрыщыту жэнэт ящІынут (1 Мусэ 1:28; 2:8, 15).

3. Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь къахьащ, хуейуэ Алыхьым и унафэм ебакъуэри. Абы щхьэкІэ Иеговэ ахэр кърихуащ Едем жыг хадэм. Жэнэтыр кІуэда хъуащ (1 Мусэ 3:1—6, 23). Ауэ Иеговэ щыгъупщэжакъым мы щІыр щІищІар. Абы дыкъегъэгугъэ игъащІэкІэ цІыхухэр щыпсэуну жэнэт ар ищІыжыну. Дауэ абы ар зэрищІынур? (Забур 36:29).

4. ЩІыр жэнэт хъужын ипэкІэ цІыху бзаджэхэр гъэкІуэдын хуейщ (Забур 36:38). Ар къыщыхъунущ Армагеддоным — Іейр щыкІуэдыну Алыхь зауэм. ИтІанэ ШейтІаныр илъэс 1 000-кІэ пхауэ щытынущ. Абы къикІыр щІылъэм зэран хуэхъун зыри зэрыщымыІэнуращ. Псэууэ къэнэнур Алыхьым и цІыхухэращ (Апокалипсис 16:14, 16; 20:1—3).

5. ИтІанэ Хьисэ бегъымбарыр илъэс 1 000-кІэ щІылъэм и Пащтыхьу щытынущ (Апокалипсис 20:6). Хуэмурэ абы игъэкІуэдыжынущ цІыху акъылымрэ Іэпкълъэпкъымрэ хэлъ гуэныхьыр. ЦІыхухэр хъужынущ дагъуэншэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь ящІэн ипэкІэ зэрыщытам хуэдэу. Абы щыгъуэ щыІэжынукъым узыфэхэри, жьыгъэри, лІэныгъэри. Сымаджэхэм ящхьэщыкІынущ узхэр, жьыхэр аргуэру щІалэ хъужынущ (Еюб 33:25; Исай 33:24; Апокалипсис 21:3, 4).

6. Хьисэ и Илъэсмин Пащтыхьыгъуэм деж Алыхьым хуэпэж цІыхухэр щІыр жэнэт щІыжыным елэжьынущ (Лука 23:43). Абы нэмыщІкІэ Алыхьым къигъэтэджыжынущ лІахэр мелуан бжыгъэкІэ, щІылъэм щигъэпсэун щхьэкІэ (Апостолхэм 24:15). Алыхьыр зыхуейр ягъэзащІэмэ, ахэр игъащІэкІэ щІылъэм щыпсэунущ. ЯмыгъэзащІэмэ — игъащІэкІэ кІуэдынухэщ (Иуан 5:28, 29; Апокалипсис 20:11—15).

7. Апхуэдэу тэмэму зэфІэкІынущ ипэ дыдэм щыщІэдзауэ Алыхьым щІылъэм хуиІа мурадыр. Ухуейт уэ а къэкІуэну фІыгъуэхэр къыплъысыну? Абы щхьэкІэ адэкІи къэпцІыхун хуейщ Иеговэ икІи ар зыхуейр бгъэзэщІэн хуейщ. АбыкІэ уэ сэбэп къыпхуэхъунущ нэхъ уи гъунэгъуу щыІэ Пащтыхьыгъуэ Унэм щекІуэкІ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэм укІуэныр (Исай 11:9; Еврейхэм 10:24, 25).

[Сурэт, 10-нэ напэкІуэцІ]

КІуэда жэнэтыр

[Сурэтхэр, 11-нэ напэкІуэцІ]

Армагеддон нэужьым щІыр аргуэру жэнэт хъужынущ