Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ТхьэлъэІукІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІын

ТхьэлъэІукІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІын

7-нэ урок

ТхьэлъэІукІэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэщІын

Сыт Тхьэ елъэІуныр хьэл-щэн тхуэхъун щІыхуейр? (1)

Хэт ди тхьэлъэІумкІэ зызыхуэдгъэзэн хуейр икІи дауэ? (2, 3)

Сыт хуэдэ ІуэхугъуэхэмкІэ Тхьэ зэрелъэІупхъэр? (4)

Сытхэм деж Тхьэ ущелъэІупхъэр? (5, 6)

ЕдаІуэрэ Алыхьыр тхьэлъэІу псоми? (7)

1. ТхьэлъэІур Іэдэб хэлъу Алыхьым худиІэ псалъэмакъыращ. Тхьэ елъэІуныр уэ хьэл-щэн пхуэхъун хуейщ. Ар хьэл-щэн пхуэхъумэ, уэ абы уи ныбжьэгъу лъапІэм хуэдэу гъунэгъу ухуэхъунущ. Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэм емылъытауэ дэ ди лъэІухэм ар къодаІуэ! Зэпымыууэ уелъэІурэ уэ Алыхьым? (Забур 64:3; 1 Фессалоникэ 5:17).

2. ТхьэлъэІур — Алыхьыр зэрагъэлъапІэ щІыкІэхэм ящыщ зыщ. Абы къыхэкІкІэ дызэлъэІун хуейр Алыхьым и закъуэщ — Иеговэщ. Хьисэ щІым щыщыІам и Адэм фІэкІа нэгъуэщІым зыми елъэІуу щытакъым. Дэри ар дыдэращ тщІэн хуейр (Матфей 4:10; 6:9). Ауэ ди тхьэлъэІу псори Хьисэ и цІэкІэщ зэрыжытІэн хуейр. Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ иІыгъ увыпІэм дэ пщІэ зэрыхуэтщІыр, и къурмэныпхъэри ди фІэщ зэрыхъур (Иуан 14:6; 1 Иуан 2:12).

3. Тхьэм дыщелъэІукІэ ди гум къыбгъэдэкІыущ дызэрепсэлъэн хуейр. Дэ жытІэн хуейкъым гукІэ зэгъэщІа тхьэлъэІу икІи ар тхылъым къидджыкІын хуейкъым (Матфей 6:7, 8). Алыхьым делъэІу хъунущ сыт хуэдэ увыкІэ къекІум дитуи, сыт щыгъуи, дэнэ дежи. ГукІэ жытІэ тхьэлъэІу нэгъунэ Алыхьым зэхех (1 Пащтыхьыгъуэ 1:12, 13). Уи щхьэ тхьэлъэІухэр щыжыпІэну зыри зэран къыщыпхуэмыхъун щІыпІэ къэбгъуэтмэ нэхъыфІщ (Марк 1:35).

4. Сыт Алыхьым узэрелъэІу хъунур? Абы хуиІэ ныбжьэгъугъэм сэбэп хуэхъуфыну псомкІи (Филиппи 4:6, 7). Щапхъэу диІэ тхьэлъэІум дегъэлъагъу Иеговэ и цІэр, Абы и мурадыр ди тхьэлъэІухэм зэрыхэдгъэхьапхъэр. Абы нэмыщІкІэ делъэІу хъунущ дыпсэун щхьэкІэ дызыхуэныкъуэхэмкІэ, гуэныхьхэр къытхуигъэгъунымкІэ, гугъуехьхэм дыпэщІэтыфынымкІэ (Матфей 6:9—13). Ди тхьэлъэІухэмкІэ фейдэ къэтлъыхъуэу щытын хуейкъым. Алыхьым дызэрелъэІур ар зыхуейм техуэу щытын хуейщ (1 Иуан 5:14).

5. Уэ сыт щыгъуи Тхьэ уелъэІу хъунущ, фІыщІэрэ щытхъурэ Алыхьым хуэпщІыну уи гум щыпІэпихым деж (1 Тхыдэжь 29:10—13). Тхьэм уелъэІун хуейщ уи фІэщхъуныгъэр зыгъэунэху гугъуехь, е нэгъуэщІ гугъуехьхэм ущрихьэлІэм деж (Забур 54:23; 119:1). Ушхэн и пэкІэ Алыхьым зыхуэбгъэзэну тэмэмщ (Матфей 14:19). Иеговэ дыхуреджэ «сыт щыгъуи» тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну (Ефес 6:18).

6. Псом хуэмыдэу Тхьэм делъэІун хуейщ гуэныхьышхуэ тщІа иужькІэ. Апхуэдэхэм деж Иеговэ делъэІун хуейщ гущІэгъу къытхуищІыну, къытхуигъэгъуну. Гуэныхь зэрытщІар Алыхьым и пащхьэм щыжытІэрэ, ар афІэкІа дымыщІэжыну дыхэтмэ, Алыхьым «къытхуигъэгъуну хьэзырщ» (Забур 85:5, ДЩІ; Ущие 28:13).

7. Иеговэ зэдаІуэр жыІэдаІуэ цІыхухэм я тхьэлъэІуращ. Алыхьыр уи тхьэлъэІухэм къедэІуэну ухуеймэ, уэ плъэкІыр пщІэн хуейщ ар зэрыхуейм хуэдэу упсэун щхьэкІэ (Ущие 15:29; 28:9). Алыхьым ущелъэІукІэ Іэдэбу ущытын хуейщ (Лука 18:9—14). УзыщІэлъэІур къыпхуищІэн щхьэкІэ, абы уелэжьын хуейщ. АбыкІэ уэ бгъэлъэгъуэнущ фІэщхъуныгъэ узэриІэмрэ уи гум илъыр зэрыжыпІэмрэ. Мис итІанэщ Иеговэ уи тхьэлъэІухэм жэуап къыщритынур (Еврейхэм 11:6).