Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Хэт Алыхьыр?

Хэт Алыхьыр?

2-нэ урок

Хэт Алыхьыр?

Хэт Алыхь пэжыр, хэт абы и цІэр? (1, 2)

Сыт хуэдэ абы и пкъыр? (3)

ФІагъ нэхъыщхьэу абы хэлъхэр сыт хуэдэ? (4)

Къэдгъэсэбэпын хуей Алыхьыр щыдгъэлъапІэкІэ дамыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ? (5)

Сыт хуэдэ ІэмалитІкІэ къэтцІыхуа хъуну Алыхьыр? (6)

1. ЦІыхухэм куэд ягъэлъапІэ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ зы Алыхь ПЭЖ фІэкІа зэрыщымыІэр. Аращ къэзыгъэщІар уафэми щІылъэми щыІэ псори. Дэ абы гъащІэ къыщыдитакІэ гъэлъэпІэн хуейри абы и Закъуэщ (1 Коринф 8:5, 6; Апокалипсис 4:11).

2. Алыхьым титул куэд иІэщ, ауэ цІэуэ зы закъуэщ иІэр. Абы и цІэр ИЕГОВЭЩ. Тхыгъэ ЛъапІэу зэдзэкІауэ щыІэхэм я нэхъыбэм Алыхьым и цІэр щызэрахъуэкІащ титулхэу Тхьэ, Алыхь жыхуиІэхэмкІэ. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм и япэрей Іэрытххэм «Иеговэ» цІэм 7 000 хуэдизрэ ущыхуэзэт! (2 Мусэ 3:14; Осие 12:5).

3. Иеговэ пкъы иІэщ, ауэ дыдейм хуэдэкъым. «Алыхьыр духщ» — итщ Инджылым (Иуан 4:24, СБ). Духыр — гъащІэм и зы щІыкІэщ, куэдкІэ дыдейм нэхърэ нэхъ лъагэу. Зы цІыхуми зэи Алыхьыр илъэгъуакъым. Иеговэ уафэм щопсэу, ауэ псори елъагъу (Забур 10:4, 5; Иуан 1:18). Дух ЛъапІэр зищІысыр сыт тІэ? Ар личносткъым Алыхьым хуэдэу, атІэ мыувыІэу лажьэ и къарурщ (Забур 103:30).

4. Тхыгъэ ЛъапІэм щызэІуха мэхъу Иеговэ зыхуэдэр. Абы дегъэлъагъу Алыхьым и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр: фІылъагъуныгъэр, захуагъэр, Іущагъыр, къарур (5 Мусэ 32:4; Еюб 12:13; Исай 40:26; 1 Иуан 4:8). Тхыгъэ ЛъапІэм къыджеІэ Алыхьыр абы нэмыщІ зэрыгумащІэр, зэрыгущабэр, гуэныхьыр зэригъэгъур, зэрыфІэрафІэр икІи зэрытэмакъкІыхьыр. Дэ сабий жыІэдаІуэхэм хуэдэу дыхущІэкъун хуейщ абы ещхь дыхъуну (Ефес 5:1, 2).

5. Алыхьым фІыщІэ щыхуэтщІым деж къэдгъэсэбэпын хуей сурэтхэр, дамыгъэхэр, тхьэнапэхэр? Хьэуэ! (2 Мусэ 20:4, 5). Иеговэ жеІэ фІыщІэ зыхуэтщІын хуейр езым и закъуэу. Абы дигуэшынукъым нэгъуэщІым езым и щІыхьыр. А сурэтхэр къарууншэщ къыддэІэпыкъуну (Забур 113:12—16; Исай 42:8).

6. Дауэ нэхъыфІу къэтцІыхуа хъуну Алыхьыр? Япэ Іэмалыр — ищІа псоми дыкІэлъыплъын икІи куууэ абыхэм къыджаІэр сытми дегупсысын хуейщ. Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дагъэлъагъу абы и Іущагъымрэ, къаруушхуэ зэриІэмрэ. Абы и фІылъагъуныгъэр хыболъагъуэ ищІа псоми (Забур 18:2—7; Рим 1:20). Алыхьыр къызэрытцІыхуну етІуанэ Іэмалыр и Псалъэр джыныращ. Абы куэдкІэ нэхъыбэ щыжыІащ Алыхьыр зыхуэдэм теухуауэ. Абы нэмыщІ иджыри щыжыІащ Алыхьым и гугъэмрэ, тщІэну къызэрытщыгугъымрэ (Амос 3:7; 2 Тимофей 3:16, 17).

[Сурэтхэр, 5-нэ напэкІуэцІ]

Дэ Алыхьыр къыдоцІыху и ІэдакъэщІэкІхэмрэ и ПсалъэмкІэрэ.