12-НЭ УРОКЫР
Алыхьым дауэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыфынур?
1. Алыхьыр тхьэлъэІу псоми едаІуэу пІэрэ?
Алыхьыр хуейщ цІыху псоми абы тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну (Псалом 65:2). Ауэ ар тхьэлъэІу псоми едаІуэркъым. Псалъэм папщІэ, зи щхьэгъусэм фІыуэ хущымыт цІыхухъум и тхьэлъэІухэр Алыхьым жэуапыншэу къигъэнэнкІэ хъунущ (1 Петр 3:7). Израил лъэпкъым ерыщу Алыхьым и фІэмыфІ Іуэхугъуэхэр щащІэм щыгъуэ абыхэм я тхьэлъэІухэм ар едаІуэтэкъым. Ауэ зи гуэныхь хущІегъуэжхэм я тхьэлъэІухэм едэІуэну Алыхьыр хьэзырщ. Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэным щІыхьышхуэ зэрыпылъыр сыт щыгъуи уигу ибгъэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ Исаия 1:15; 55:7.)
«Алыхьыр тхьэлъэІу псоми едаІуэрэ?» жыхуиІэ видеороликым еплъ.
2. Дапхуэдэу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэбгъэзэн хуейр?
ТхьэлъэІукІэ зызыхуэбгъэзэн хуейр Иеговэ закъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэ дыкъигъэщІащ икІи Алыхь пэжыр а зыращ (Маттэ 4:10; 6:9). Ауэ дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ ди гуэныхьхэм щхьэкІэ зи псэр зыта Хьисэ Мэссихь и цІэкІэ Алыхьым зыхуэдгъэзэн хуейщ (Иуан 14:6). Иеговэ хуейкъым дэ гукІэ зэдгъэщІа тхьэлъэІухэр жытІэну е тхауэ дыкъеджэну. АтІэ ар хуейщ ди гупсысэхэр, ди гурыщІэхэр абы хуэтІуэтэну. (Къеджэ Маттэ 6:7; Филиппи 4:6, 7.)
ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым дигукІэ жытІэ тхьэлъэІу нэгъуни зэхех (1 Самуила 1:12, 13). Дэ абы сыт хуэдэ зэманми тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну дыхуегъэуш. Псалъэм папщІэ, дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ дыкъэуша нэужьи, дыгъуэлъыжын ипи, дыщышхэкІи икІи гугъуехь гуэрхэм дыщыхуэзэм дежи. (Къеджэ Псалом 55:22; Маттэ 15:36.)
3. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр щІызэхуэсын хуейр сыт?
Дыщыпсэу дунейм Алыхьым гъунэгъу зыщыхуэпщІыну тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Алыхьыр зи фІэщ мыхъу икІи абы щІылъэр жэнэт ищІыжыну иІэ мурадым щыдыхьэшх цІыхухэм я гъусэу 2 Тимофей 3:1, 4; 2 Петр 3:3, 13). Абы къыхэкІкІэ дэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ дызэхуэзэурэ дызэрыгъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.)
допсэу (Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэм дазэрыхэтыр дэ къыддэІэпыкъунущ абы гъунэгъу зыхуэтщІыну. Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэр къыбдоІэпыкъу уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІыну. (Къеджэ Рим 1:11, 12.)
4. Алыхьым дауэ гъунэгъу зэрызыхуэпщІынур?
Уэ Иеговэ гъунэгъу ухуэхъунущ, абы и Псалъэм иту къапщІэм уегупсысу щытмэ. Иеговэ и ІуэхущІафэхэм и хабзэхэм и мурадхэм езым теухуауэ къыуагъащІэм егупсыс. Ар уэ къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ и Іущагъымрэ я кууагъыр къэпщІэну. (Къеджэ Иисус Навин 1:8; Псалом 1:1—3.)
Уэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ, абы дзыхь хуэпщІу щытмэ икІи ар быдэу уи фІэщ хъууэ щытмэ. ФІэщхъуныгъэр къэкІыгъэм ебгъэщхь хъунущ, ар хэхъуэн щхьэкІэ псы щІэпкІэн хуейщ. Абы ещхьу уи фІэщхъуныгъэри хэхъуэн щхьэкІэ Библием ит щІэныгъэхэр уи фІэщ зыщІыр сытми уегупсысын хуейщ. (Къеджэ Маттэ 4:4; Еврейхэм 11:1, 6.)
5. Алыхьым гъунэгъу зэрызыхуэтщІым сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъыр?
Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм и нэІэ ятригъэтщ. Дэ ди фІэщхъуныгъэмрэ игъащІэкІэ дыпсэуну диІэ гугъэмрэ тфІэзыгъэкІуэдыну псом Иеговэ дыщехъумэ (Псалом 91:1, 2, 7—10). Ди узыншагъэм зэран хуэхъуну икІи насыпыншэ дызыщІыну дуней тетыкІэм дэ Иеговэ дыщехъумэ икІи гъуэгу нэхъыфІ дыдэм дытетыну къыддоІэпыкъу. (Къеджэ Псалом 73:27, 28; Екъуб 4:4, 8.)