Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

15 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Дауэ дин пэжыр къызэрыбгъуэтыныр?

Дауэ дин пэжыр къызэрыбгъуэтыныр?

1. Алыхьым къищтэ диным теухуауэ пэжыр хэт къыджезыІэфынур?

ДИН КУЭДЫМ Алыхьым теухуа пэжыр ящІэу жаІэ. Ауэ ар пэжкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым теухуауэ динхэм жаІэр зэтехуэкъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, Алыхьым теухуа пэжымрэ абы къищтэ динымрэ дауэ къызэрытщІэныр? Ар къыджезыІэфынур Алыхь Иеговэ закъуэщ.

2. Алыхьым къищтэ диным теухуауэ пэжыр дэнэ къыщытщІэфынур?

2 Библием и фІыгъэкІэ Иеговэ пэжу илъытэ диныр къытхуэщІэнущ. Аращи, ар адэкІи джы. Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къыбгурыІуэну Алыхьыр къыбдэІэпыкъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы фІыуэ укъелъагъу икІи ар хуейщ уи гъащІэр нэхъыфІ хъуну (Исаия 48:17).

3. Сыт Алыхьым къытхуигъэувыр?

3 Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, дин псоми зы Алыхьым деж ухуашэ. Ауэ Хьисэ Мэссихь апхуэдэу егупсыстэкъым. Мис абы жиІар: «„Зиусхьэн! Зиусхьэн!“ жиІэу сигъэлъапІэу къызжезыІэ цІыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэм щІыхьэнур, атІэ си Адэу уафэм щыІэр зыхуейр зыгъэзащІэр арщ». Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьыр зыхуейр къатщІэу, ар зэрыдгъэзэщІэн хуейр. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьыр зыхуейр зымыгъэзащІэхэр «бзаджащІэхэу» Хьисэ жиІащ (Маттэ 7:21—23).

4. Алыхьыр зыхуейр гъэзэщІэным теухуауэ Хьисэ сыт жиІар?

4 Хьисэ жиІауэ щытащ Алыхьыр зыхуейр бгъэзэщІэну тыншу зэрыщымытынур. Мис абы и псалъэхэр: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ; кІуэдыпІэм и куэбжэр бгъуфІэщ, абы кІуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикІуэхэр куэд мэхъу. Ауэ гъащІэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащІэщ» (Маттэ 7:13, 14). Алыхьым и деж узышэ гъуэгу бгъузэм тетхэм гъащІэ мыухыжыр къалъысынущ. Гъуэгу бгъуфІэм тетхэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьыр зыхуейр зымыгъэзащІэхэр, кІуэдыжынущ. Ауэ Иеговэ хуейкъым дэ тщыщ гуэр кІуэдыжыну. Аращ пэжыр къэтщІэну абы Іэмал къыщІыдитыр (2 Петр 3:9).

АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭМ СЫТ ЯХУИГЪЭУВЫР?

5. Алыхьым пэжу хуэлажьэхэр дауэ къызэрыпцІыхунур?

5 Хьисэ жиІауэ щытащ Алыхьым пэжу хуэлажьэхэр дауэ къэпцІыхуа хъунуми. Ар къагъэлъэгъуэнущ цІыхум и фІэщ хъумрэ и ІуэхущІафэхэмрэ. Хьисэ жиІащ: «ЦІыхухэр зыхуэдэр ялэжь ІуэхухэмкІэ къэфщІэнущ». ИужькІэ щІигъужащ: «Дэтхэнэ зы жыгыфІми фІы къыпокІэ» (Маттэ 7:16, 17). Мы псалъэхэм къикІкъым Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр зэи щымыуэу. Ауэ абыхэм къару куэд ирахьэлІэ Алыхьыр зыхуейр ягъэзэщІэн щхьэкІэ. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ Алыхьым пэжу хуэлажьэхэр къозыгъэцІыху нэщэнэхэм.

6, 7. Дин пэжыр Библием итым тегъэщІауэ щхьэ щытын хуей? Хьисэ и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?

6 Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я фІэщ хъур Библием итыращ. Библием щыжыІащ: «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] деж къикІащ. ЦІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэнкІи щхьэпэщ а псалъэхэр. Тхьэм хуэлажьэ цІыхур дэтхэнэ ІуэхуфІми хуэхьэзыру икІи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щІыкІэкІэ» (2 Тимофей 3:16, 17). Апостол Паул итхащ: «Тхьэм и псалъэхэр щыфлъэдгъэІэсам, цІыхухэм я псалъэхэм хуэмыдэу, атІэ Тхьэм и псалъэхэм хуэдэу фщтащ, ипэжыпІэкІи Тхьэм и псалъэщ ахэр» (1 Фессалоникэ 2:13). Алыхьым дызэрыхуэлажьэм лъабжьэ хуэхъун хуейкъым цІыху гуэрым и еплъыкІэр, къекІуэкІ хабзэхэр е нэгъуэщІ зыгуэр, атІэ абы лъабжьэ хуэхъун хуейр Алыхьым и Псалъэ Библиеращ.

7 Хьисэ цІыхухэр зыхуригъаджэ псори Алыхьым и Псалъэм тегъэщІат. (Къеджэ Иуан 17:17.) Абы щІэх-щІэхыурэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит гупсысэхэр къихьт (Маттэ 4:4, 7, 10). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм Хьисэ щапхъэ трах — абыхэм Библием ит закъуэращ цІыхухэр зыхурагъаджэр.

8. Алыхьым хуэлэжьэным теухуауэ Хьисэ сыт жиІар?

8 Алыхь закъуэ Иеговэ хуолажьэ. «ИрыращІэ цІыхухэм уэ, Иеговэ цІэ зезыхьэр, уэ зым фІэкІа ди щхьэщыгум зыри зэримытыр» (Псалом 83:18). Хьисэ хуейт Алыхь пэжыр хэтми цІыхухэм ящІэну. Абы Алыхьым и цІэр цІыхухэм къахузэІуихт. (Къеджэ Иуан 17:6, ДЩІ.) Хьисэ жиІащ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапІэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ» (Маттэ 4:10). Хьисэ хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэхэри Иеговэ закъуэщ зыхуэлажьэр. Абыхэм Алыхьым и цІэр къагъэсэбэп, а цІэм теухуауэ адрейхэм жраІэ икІи къэкІуэну зэманым Иеговэ къытхуищІэну фІыгъуэхэм теухуауэ цІыхухэм ядогуашэ.

9, 10. Алыхьым и лэжьакІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъыр сыт къызыхэщыр?

9 Я зэхуаку лъагъуныгъэ пэж дэлъщ. Хьисэ и гъэсэнхэр фІыуэ зэрылъагъуну иригъаджэт. Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэри а унафэм тетщ. (Къеджэ Иуан 13:35.) Къыщалъхуа щІыпІэм, зыхапІыкІа хабзэхэм икІи ябгъэдэлъ мылъкум емылъытауэ, ахэр зы унагъуэм исхэм хуэдэу фІыуэ зэролъагъу (Колоссэ 3:14). Абы къыхэкІкІэ, ахэр зауэм кІуэкъым икІи зыри яукІкъым. Библием щыжыІащ: «Тхьэм и бынхэри шейтІаным и бынхэри зэрызэхэпцІыхукІынур мыращ: пэжыгъэр зымыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фІыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым». Абы нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэм жеІэ: «ФІыуэ фызэрылъагъу. ШейтІаным и бынхэм ящыщу Каин зи цІэу зи къуэш зыукІыжам хуэдэ фымыхъу» (1 Иуан 3:10—12; 4:20, 21, ХъыбарыфІыр, 1993).

10 Алыхьым и лэжьакІуэ пэжыр хьэзырщ и къарури, и зэманри, и мылъкури адрейхэм тригъэкІуэдэну (Еврейхэм 10:24, 25). Ар псоми зэрыдэІэпыкъуным иужь итщ (Галатие 6:10).

11. Алыхьым дыкъригъэлын щхьэкІэ Хьисэ къызэрытхуигъэкІуар ди фІэщ щІэхъун хуейр сыт?

11 Хьисэ Мэссихь и жыІэм щІэтхэщ, ар Алыхьым дыкъригъэлын щхьэкІэ къызэригъэкІуар я фІэщ мэхъури. Библием щыжыІащ: «ЦІыхухэр мыкІуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цІэм нэмыщІ, дымыкІуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щІагъым щІэт цІыхухэм иритауэ зыри щыІэкъым» (Апостолхэм 4:12). Мы тхылъым, 5-нэ псалъащхьэм дэ къыщытщІащ Хьисэ и гъащІэр цІыху жыІэдаІуэхэм папщІэ къурмэныпхъэу итын щхьэкІэ, Иеговэ ар щІылъэм къызэригъэкІуар (Маттэ 20:28). Абы нэмыщІ Иеговэ Хьисэ Пащтыхьу тригъэуващ. Аращ Библием щІыжиІэр дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэун щхьэкІэ Хьисэ дедэІуэн хуейуэ. (Къеджэ Иуан 3:36.)

12. Алыхьым и лэжьакІуэхэр къэрал Іуэхухэм щІыхэмыІэбэр сыт?

12 Ахэр къэрал Іуэхухэм хэІэбэкъым. Хьисэ щыпсэу къэралым и Іуэхухэм хэІэбэу щытакъым. Абы Пилат жриІат: «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым». (Къеджэ Иуан 18:36.) Мэссихь хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэхэри Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм хуэпэжщ. Абы къыхэкІыу, ахэр щыпсэу къэралым и Іуэхухэм хэІэбэкъым. Ауэ абыхэм къэралым къыдигъэкІ унафэхэр ягъэзащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, дэ «тепщэныгъэ зиІэхэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ къэрал унафэщІхэм, дедэІуэн хуейщ (Рим 13:1). Къэралым и унафэр Алыхьым и унафэм пэщІэувэмэ-щэ? Алыхьым и лэжьакІуэхэм апостолхэм щапхъэ трахыу, жаІэ: «ЦІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэІуэн хуейщ» (Апостолхэм 5:29; Марк 12:17).

13. Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ хъыбар ягъэІур?

13 Абыхэм я фІэщ мэхъу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэмыщІ цІыхухэм я гугъуехьу хъуар зыми зэрыІуимыхыфынур. Хьисэ жиІауэ щытащ «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» дуней псом гъэІуа зэрыщыхъун хуейр. (Къеджэ Маттэ 24:14.) Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуищІэну фІыгъуэхэм хуэдэ зы къэралыгъуэми къытхуищІэфынукъым (Псалом 146:3). А Пащтыхьыгъуэм теухуауэ Алыхьым делъэІуну Хьисэ къыджиІащ: «Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу» (Маттэ 6:10). Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къэралыгъуэ псоми кІэ иритынущ икІи «езыр игъащІэкІэ щытынущ» (Даниил 2:44).

14. Уэ узэреплъымкІэ, хэт Алыхьым пэжу хуэлажьэр?

14 Аращи, уэ узэреплъымкІэ, зэпкърытха нэщэнэхэр хэт зыхуэпхь хъунур: хэт Библием итым хуезыгъаджэр? Хэт Алыхьым и цІэм теухуауэ цІыхухэм яжезыІэр? Хэт пэж дыдэу фІыуэ зэрылъагъур? Хэт зи фІэщ хъур Алыхьым дыкъригъэлын щхьэкІэ Хьисэ къызэрытхуигъэкІуар? Хэт къэралым и Іуэхухэм хэмыІэбэр? Хэт зи фІэщ хъур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэмыщІ цІыхухэм я гугъуехьу хъуар зыми зэрыІуимыхыфынур? Ар Иеговэ и Щыхьэтхэращ (Исаия 43:10—12).

СЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

15. Алыхьым дызэрыхуэлажьэр къищтэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

15 Алыхьыр зэрыщыІэр уи фІэщ хъун къудейр мащІэщ. Жин бзаджэхэми Алыхьыр я фІэщ мэхъу, ауэ абы жиІэм едаІуэкъым (Екъуб 2:19). Алыхьым дызэрыхуэлажьэр къищтэн щхьэкІэ, ар ди фІэщ зэрыхъум нэмыщІ, абы къыджиІэ псор дгъэзэщІэн хуейщ.

16. Дэ дин нэпцІым зыкІи дыпыщІауэ дыщытын щІыхуэмейр сыт?

16 Алыхьым дызэрыхуэлажьэр къищтэн щхьэкІэ дэ дин нэпцІым зыкІи дыпыщІауэ дыщытын хуейкъым. Бегъымбар Ешайа (Исаия) итхат: «Абы фыкъыхэкІ... къабзагъэр фхъумэ» (Исаия 52:11; 2 Коринф 6:17). Аращ дин нэпцІым пыщІа псори къыщІэдгъэнэн хуейр.

17, 18. «Бабилэнышхуэр» зищІысыр сыт икІи абы псынщІэу укъыщІыхэкІын хуейр сыт?

17 Сыт хуэдэ диныра дин нэпцІ хъужыр? Алыхьым хуэлэжьэным теухуауэ Библием темыхуэу езыгъаджэ диныращ. Дин нэпцІу хъуам Библиер «БабилэнышхуэкІэ» йоджэ (Апокалипсис 17:5). Сыт щхьэкІэ? Псыдзэшхуэ нэужьым Бабилэн къалэм Алыхьым теухуа пцІыр къыщежьащ. А пцІым дуней псом зыщиубгъури, дин нэпцІхэм лъабжьэ яхуэхъуащ. Псалъэм папщІэ, Бабилэн дэсхэр щырыщу зэхэт тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэт. Апхуэдэу ноби дин куэдым Тхьэнапищыр ягъэлъапІэ. Ауэ Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ Алыхь пэжыр зэрызакъуэр — ар Иеговэщ. Хьисэ Мэссихь абы и Къуэу аращ (Иуан 17:3). Абы нэмыщІ Бабилэн щыпсэухэм я фІэщ хъут цІыхур лІа нэужь, абы и псэр адэкІи псэу хуэдэу икІи жыхьэнмэ мафІэм ар хэхуэфын хуэдэу. Ауэ ар пцІыщ. (14-нэ, 17-нэ, 18-нэ Приложениехэм еплъ.)

18 Алыхьым псалъэ итащ куэд мыщІэу дин нэпцІхэм кІэ иритыну (Апокалипсис 18:8). Аращ дин нэпцІым псынщІэу укъыщІыхэкІын хуейр. Иеговэ хуейщ Іэмал уиІэ щІыкІэ уэ а лъэбакъуэр пчыну (Апокалипсис 18:4).

Иеговэ ухуэлэжьэну щІэбдзэмэ, зэкъуэту псэу унагъуэшхуэм щыщ ухъунущ

19. Дауэ Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъунур, абы ухуэлэжьэну мурад пщІымэ?

19 Дин нэпцІыр къэбгъанэу Иеговэ ухуэлэжьэну мурад пщІымэ, уи Іыхьлыхэмрэ уи ныбжьэгъухэмрэ уакъыгурымыІуэнкІэ хъунущ икІи ахэр къыппэщІэувэнкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ уэ укъигъэнэнукъым. Алыхьым ухуэлэжьэн щІэбдзэмэ, мелуан бжыгъэ хъу къуэш, шыпхъухэр уи унагъуэ хъунущ. Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІа уи къуэш, уи шыпхъухэм я гъусэу гъащІэ мыухыж уиІэу дунеищІэм ущыпсэуну гугъэ уиІэнущ (Марк 10:28—30). Хэт ищІэрэ, зэман дэкІмэ къыппэщІэувахэм щыщ гуэрым Библиер джын щІидзэнкІэ хъунущ.

20. Иеговэ ухуэлэжьэну нобэ щІэбдзэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

20 Куэд мыщІэу Алыхьым Іей псор Іуихынурэ и Пащтыхьыгъуэм щІылъэм щытепщэн щІидзэнущ (2 Петр 3:9, 13). Дэ къытхуэмыгъэсу а зэманым дыпоплъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы щыгъуэ цІыху псори Иеговэ пэжу хуэлэжьэнущ. Иеговэ ухуэлэжьэну нобэ щІэдзэ.