Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

16 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу фыхуэлажьэ

Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу фыхуэлажьэ

1, 2. Сыт хуэдэ упщІэ зэптыжын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

БИБЛИЕР зэрыбджым уэ къыбгуригъэІуащ Алыхьыр зи фІэщ хъу куэдым ялэжь Іуэхухэмрэ зыхурагъаджэмрэ Алыхьым къызэримыщтэр (2 Коринф 6:17). Иеговэ дэ къыджеІэ дин нэпцІыр къызэрыдгъэнэн хуейр (Апокалипсис 18:2, 4). Сыт уэ пщІэнур? Дэтхэнэ зыри дызэупщІыжын хуейщ: «Дапхуэдэу сэ Алыхьым сызэрыхуэлэжьэнур: ар зэрыхуейм хуэдэу хьэмэрэ сэ сызэресам хуэдэу?»

2 Уэ дин нэпцІыр къэбгъэнамэ, ар хъарзынэщ. Ауэ дин нэпцІым пыщІа хабзэ гуэр иджыри къыздэсым уи гум фІэІэфІу щытынкІэ хъунущ. Иджыпсту языныкъуэ хабзэхэм я гугъу тщІынщ икІи Алыхьым и нэкІэ абыхэм деплъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр зэпкърытхынщ.

СУРЭТ ГУЭРХЭМ Е ЛІАХЭМ УАХУЭЛЭЖЬЭНЫР КЪЕЗЭГЪКЪЫМ

3. 1) Хьэпшыпхэр хэмыту Алыхьым ухуэлэжьэныр къемызэгъыу языныкъуэхэм щІалъытэр сыт? 2) Абы теухуауэ Библием сыт щыжыІар?

3 Языныкъуэ цІыхухэм Алыхьым щыхуэлажьэкІэ сурэт, статуэткэ е нэгъуэщІ гуэрхэр къагъэсэбэп. Уэри апхуэдэу пщІэуэ уесамэ, хьэпшыпхэр хэмыту Алыхьым ухуэлэжьэныр къемызэгъыу къэплъытэнкІэ хъунущ. Ауэ зыщумыгъэгъупщэ: Алыхьым дызэрыхуэлэжьэн хуей щІыкІэм теухуауэ езы Алыхьыращ унафэ зыщІыр. Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ сурэтхэр, тхьэнапэхэр е нэгъуэщІ хьэпшып гуэрхэр къэдгъэсэбэпыну зэрыхуэмейр Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ. (Къеджэ Исход 20:4, 5; Псалом 115:4—8; Исаия 42:8; 1 Иуан 5:21.)

4. 1) ЛІахэр бгъэлъапІэ щІэмыхъунур сыт? 2) ЛІахэм зыпамыщІэну Иеговэ журтхэм сытыт унафэ щІахуищІар?

4 Языныкъуэхэм лІар арэзы ящІыну хуейуэ зэман куэдрэ къару куэдрэ абы трагъэкІуадэ. ЛІахэр зыгъэлъапІэхэри щыІэщ. Ауэ, дэ къызэрытщІащи, лІахэр зэрани сэбэпи къытхуэхъуфынукъым. Ахэр зыщІыпІи щыпсэукъым. Абыхэм запыпщІэныр икъукІэ шынагъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лІахэм «къабгъэдэкІ хъыбархэр» жин бзаджэхэращ къызыбгъэдэкІыр. Аращ Иеговэ журтхэм унафэ щІахуищІар лІахэм зыпамыщІэну. Іэзэгъуазэм пыщІа сыт хуэдэ Іуэхуми абыхэм зыпыІуадзын хуейт (Второзаконие 18:10—12; 26-нэ, 31-нэ Приложениехэм еплъ).

5. Алыхьым ущыхуэлажьэкІэ сурэтхэр къэбгъэсэбэпынымрэ лІахэр бгъэлъэпІэнымрэ щыбгъэтыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

5 Алыхьым ущыхуэлажьэкІэ сурэтхэр къэбгъэсэбэпынымрэ лІахэр бгъэлъэпІэнымрэ щыбгъэтыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Библием еджэ икІи Иеговэ апхуэдэ Іуэхухэм зэрыхущытым куууэ егупсыс. Абы и дежкІэ ахэр гущыкІыгъуэщ (Второзаконие 27:15). Махуэ къэс Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, абы и еплъыкІэр уэ уи еплъыкІэ хъун икІи ар зэрыхуейм хуэдэу ухуэлэжьэфын щхьэкІэ (Исаия 55:9). Иеговэ Іэмал имыІэу къыбдэІэпыкъунущ тхьэ нэпцІхэр гъэлъэпІэным пыщІа псори къэбгъэнэну.

ХЪУРОМЭР БГЪЭЛЪЭПІЭНЫР КЪЕЗЭГЪРЭ?

6. Хьисэ къыщалъхуа махуэр дыгъэгъазэм и 25-м щхьэ ягъэлъапІэу щІадза?

6 Мы дунейм куэдым ягъэлъапІэ махуэшхуэхэм ящыщ зыщ Хъуромэр (Рождествор). А махуэм Хьисэ къалъхуауэ ябж. Ауэ Хъуромэр дин нэпцІым пыщІащ. Зы энциклопедие гуэрым зэрыжиІэмкІэ, Рим щІыналъэм щыпсэухэр мажусий хабзэхэм тетт икІи абыхэм дыгъэгъазэм и 25-р дыгъэр къыщалъхуа махуэу ягъэлъапІэт. Щоджэнхэм а махуэр Хьисэ Мэссихь къыщалъхуа махуэу ягъэІуащ, мажусий хабзэхэм тетхэм чристэн диныр кърагъэщтэн щхьэкІэ. Ауэ Хьисэ а махуэракъым къыщалъхуар * (Лука 2:8—12). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и гъэсэнхэм Хъуромэр ягъэлъапІэтэкъым. Зы тхылъ гуэрым зэрыжиІэмкІэ, «Хьисэ къыщалъхуа махуэр зыми ищІэтэкъым икІи зыри абы егупсыстэкъым» (Sacred Origins of Profound Things). Хъуромэр ягъэлъэпІэн щыщІадзар Хьисэ зэрылІэрэ илъэсищэ зыбжанэ дэкІа иужьщ.

7. Хьисэ и гъэсэн пэжхэм Хъуромэр щІамыгъэлъапІэр сыт?

7 ЦІыху куэдым ящІэ Хъуромэм пыщІа хабзэхэр мажусий диным къызэрыхэкІар. Абыхэм хохьэ зым адрейм тыгъэхэр хуэщІынымрэ Іэнэ къэгъэувынымрэ *. Англиемрэ Америкэм щыщ щІыпІэ гуэрхэмрэ Хъуромэ гъэлъэпІэныр къэралым щимыдэ зэман щыІащ. А махуэр зыгъэлъапІэхэм штраф ирагъэтт. Ауэ иужькІэ цІыхухэм а махуэр аргуэру ягъэлъэпІэн щІадзэжащ. Хьисэ и гъэсэн пэжхэм Хъуромэр ягъэлъапІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр Алыхьым и жыІэм щІэтыну хуейщ.

ЦІЫХУР КЪЫЩАЛЪХУА МАХУЭР БГЪЭЛЪЭПІЭНЫР КЪЕЗЭГЪРЭ?

8, 9. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм цІыхур къыщалъхуа махуэр щІамыгъэлъапІэр сытыт?

8 ЦІыхур къыщалъхуа махуэр ягъэлъэпІэну куэдым яфІэфІщ. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм апхуэдэ махуэр ягъэлъапІэ хъуну? Библием и гугъу ещІ къыщалъхуа махуэр зыгъэлъапІэу щыта цІыхуитІым. Ахэр Иеговэ хуэлажьэтэкъым (ЩІэдзапІэ 40:20; Марк 6:21). Апхуэдэ махуэшхуэхэм тхьэ нэпцІхэр ягъэлъапІэт. Зы энциклопедием зэрыжиІэмкІэ, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «цІыхур къыщалъхуа махуэр гъэлъэпІэныр мажусий диным къыхэкІауэ ялъытэт» (The World Book Encyclopedia).

9 Пасэрей рим цІыхухэмрэ алыджхэмрэ я фІэщ хъут дэтхэнэ зы цІыхури къыщалъхукІэ ар къэзыхъумэ жин бгъэдэт хуэдэу. Зы тхылъ гуэрым щыжыІащ: «ЦІыхур къыщалъхуа махуэм къалъхуа тхьэм а жиныр пыщІауэ я гугъэт» (The Lore of Birthdays).

10. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм цІыхур къыщалъхуа махуэр щІамыгъэлъапІэр сыт?

10 Дин нэпцІхэм пыщІа махуэшхуэхэм Иеговэ дауэ зэрыхущытыр? (Исаия 65:11, 12). Ахэр абы идэкъым. Абы къыхэкІкІэ, дэ дгъэлъапІэкъым цІыхур къыщалъхуа махуэри дин нэпцІым епха нэгъуэщІ махуэшхуэхэри.

ДАУЭ МАХУЭШХУЭХЭМ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР?

11. Махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэну цІыхухэм ягу щІрихьыр сыт? Ди дежкІэ сыт нэхъ лъапІэу щытын хуейр?

11 Языныкъуэхэм ящІэ Хъуромэмрэ нэгъуэщІ махуэшхуэхэмрэ дин нэпцІым зэрыпыщІар. Ауэ, абы емылъытауэ, абыхэм махуэшхуэхэр ягъэлъапІэ. ЦІыхухэм зэрабжымкІэ, а махуэшхуэхэм я фІыгъэкІэ унагъуэм щыщхэм зэбгъэдэсыну Іэмал яІэщ. Уэ дауэ абы узэреплъыр? ДауикІ, уи унагъуэм убгъэдэсыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Унагъуэр къэзыгъэщІа Иеговэ хуейщ унагъуэм исхэм я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну (Ефес 3:14, 15). Ди благъэхэм я гъусэу махуэшхуэ гуэр дгъэлъапІэмэ, абыхэм я гуапэ тщІыну къыщІэкІынщ. Ауэ ди дежкІэ нэхъ лъапІэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэращ. Апостол Паул жиІат: «3иусхьэным игъуэу илъытэ Іуэхухэр вгъэунэху икІи зэвгъащІэ» (Ефес 5:10).

12. Языныкъуэ махуэшхуэхэр Иеговэ щІимыдэр сыт?

12 ЦІыху куэдым я гугъэщ махуэшхуэр къыздикІам мыхьэнэ имыІэу. Ауэ абы теухуауэ Иеговэ нэгъуэщІ еплъыкІэщ иІэр. Абы идэкъым цІыху гуэрыр е къэралыр зыгъэлъапІэ махуэшхуэхэр. Абы нэмыщІ дин нэпцІым пыщІа махуэшхуэхэри Иеговэ къищтэкъым. Мис зы щапхъэ. Тхьэ нэпцІхэр зыгъэлъапІэ махуэшхуэ куэд мысыр цІыхухэм яІэт. Абыхэм я махуэшхуэхэм щыщ зыр журтхэм Мысырым къикІыжа нэужь ягъэлъапІэу щІадзащ. Абы «Иеговэ и махуэшхуэ» фІащами, Иеговэ абыхэм тезыр ятрилъхьащ (Исход 32:2—10). Библием дыкъыхуреджэ: «Мыкъабзэм фемыІусэ». (Къеджэ Исаия 52:11.)

АДРЕЙХЭМ Я ГУРЫЩІЭХЭМ ПЩІЭ ХУЭЩІ

13. Махуэшхуэ гуэр умыгъэлъэпІэну мурад пщІамэ, сыт хуэдэ упщІэхэр къэувынкІэ хъуну?

13 Махуэшхуэ гуэр умыгъэлъэпІэну мурад пщІамэ, мыпхуэдэ упщІэхэр къэувынкІэ хъунущ: «Махуэшхуэр щІэзмыгъэлъапІэм теухуауэ къыздэлажьэхэр къызэупщІмэ, сыт абыхэм яжесІэ хъунур? Къызат тыгъэхэр къеІысх хъуну? Махуэшхуэр зэгъусэу дгъэлъэпІэну си щхьэгъусэр къызэлъэІумэ, сыт сщІэн хуейр? Къыщалъхуа махуэр е нэгъуэщІ махуэшхуэр зэрыдмыгъэлъапІэр сабийхэм я жагъуэ мыхъун щхьэкІэ, сыт сщІэ хъунур?»

14, 15. Махуэшхуэ гуэрым щхьэкІэ зыгуэр къохъуэхъумэ е тыгъэ къыуитмэ, сыт уэ пщІэ хъунур?

14 УзыІущІэ Іуэхугъуэм елъытауэ жыпІэнумрэ пщІэнумрэ фІыуэ уегупсысын хуейщ. Псалъэм папщІэ, зыгуэр къохъуэхъумэ, «упсэу» жыпІэ хъунущ. Ауэ махуэшхуэр щІумыгъэлъапІэм теухуауэ нэхъыбэ къэзыщІэну хуейм уи еплъыкІэр къыгурыбгъаІуэмэ нэхъыфІщ. ЦІыхум сыт щыгъуи щабэу епсалъэ икІи и гурыщІэхэм пщІэ хуэщІ. Библием мыпхуэдэ чэнджэщ къыдет: «Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащІэ» (Колоссэ 4:6). Мы махуэшхуэр умыгъэлъапІэми, нэгъуэщІ махуэхэм уи ныбжьэгъухэм уахэсыну икІи тыгъэ абыхэм яхуэпщІыну узэригуапэр жыпІэ хъунущ.

15 Тыгъэ гуэр къыуатмэ-щэ? Абы теухуауэ Библием унафэ пыухыкІа иткъым, ауэ абы щыжыІащ ди напэр къабзэу къызэрынэн хуейр (1 Тимофей 1:18, 19). Тыгъэр къозытым уи еплъыкІэм теухуауэ зыри имыщІэнкІэ хъунущ. Е ищІэми, абы мыпхуэдэу къыбжиІэнкІэ хъунущ: «Мы махуэшхуэр зэрумыгъэлъапІэр сощІэ, ауэ мы тыгъэр уэстыну сыхуейщ». ТІум щыгъуэми тыгъэр къэпщтэнрэ къыумыщтэнрэ унафэ зыщІыр уэращ. Псом нэхъапэр ди напэр къабзэу къызэрынэн хуейращ. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым зэран хуэхъун гуэр дэ тщІэну дыхуейкъым.

МАХУЭШХУЭХЭМРЭ УИ УНАГЪУЭМРЭ

Иеговэ и лэжьакІуэхэр цІыху насыпыфІэхэщ

16. Уи унагъуэм махуэшхуэ гуэр игъэлъэпІэну мурад ищІмэ, сыт уэ пщІэ хъунур?

16 Уи унагъуэм махуэшхуэ гуэр игъэлъэпІэну мурад ищІмэ, сыт уэ пщІэ хъунур? Зыми уемыдауэ икІи зыщумыгъэгъупщэ хэти и щхьэм унафэ хуищІыжыну зэрыхуитыр. Узыхуейр кІуэцІырыбгъэкІыну иужь уимыт. Уэ уи унафэхэм пщІэ къыхуащІыну ущыхуейкІэ, уи Іыхьлыхэм ящІ унафэхэми уэри пщІэ хуэщІ. (Къеджэ Маттэ 7:12.) Уи унагъуэм махуэшхуэ гуэр щигъэлъапІэкІэ уэри абыхэм уахэсыну къолъэІумэ-щэ? Япэрауэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъази, унафэ пэж къэпщтэну елъэІу. А махуэшхуэмрэ ар зэрагъэлъэпІэну щІыкІэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Унафэ щыпщІым деж нэхъапэр зыщумыгъэгъупщэ — дэ Иеговэ и жагъуэ тщІыну дыхуейкъым.

17. Махуэшхуэхэр зыгъэлъапІэхэм уи сабийхэр емыхъуэпсэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

17 Махуэшхуэхэр зыгъэлъапІэхэм уи сабийхэр емыхъуэпсэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? Уи сабийхэмрэ абыхэм я ныбжьэгъу цІыкІухэмрэ зэхуэпшэсурэ я нэгу зебгъэгъэужь хъунущ. Махуэ хэха гуэрым епхауэ щымыту тыгъэхэр абыхэм яхуэщІ. Тыгъэу щыІэм я нэхъыфІыр уи зэманымрэ уи лъагъуныгъэмрэщ.

АЛЫХЬЫР ЗЭРЫХУЕЙМ ХУЭДЭУ ХУЭЛАЖЬЭ

18. ЗэІущІэхэм укІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

18 Иеговэ зыгъэгуфІэну хуей цІыхум дин нэпцІымрэ абы епха хабзэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ къигъэнэн хуейщ. Ауэ ар мащІэщ — абы Алыхьым пэжу хуэлэжьэн щІидзэн хуейщ. Дауэ? Псалъэм папщІэ, блумыгъэкІыу зэІущІэхэм укІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.) ЗэІущІэхэр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм хохьэ (Псалом 22:22; 122:1). Абы нэмыщІ зэІущІэхэм дызэрыгъэгушхуэну Іэмал къыдат (Рим 1:12).

19. Библием къыщыпщІамкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуэшэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

19 Библием къыщыпщІамкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуэшэн хуейщ. Дунейм къыщекІуэкІ Іейм куэдыр егъэгузавэ. Уи цІыхугъэхэми апхуэдэ гурыщІэхэр зиІэ яхэту къыщІэкІынщ. Къытпэщылъ гъащІэ дахэм теухуауэ абыхэм яжеІэ. ЗэІущІэхэм узэрыкІуэмрэ къапщІэмкІэ цІыхухэм уазэрыдэгуашэмрэ уэ къыбдэІэпыкъунущ дин нэпцІым пэІэщІэ зыхуэпщІыну. Шэч къытумыхьэ: Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу ухуэлажьэмэ, абы фІыгъуэ куэдрэ гуфІэгъуэрэ къыуитынущ! (Малахия 3:10).

^ абз. 6 Урысейми нэгъуэщІ къэрал гуэрхэми Хъуромэр щагъэлъапІэр щІышылэм и 7-нэ махуэращ.

^ абз. 7 Урысейми нэгъуэщІ къэрал гуэрхэми Хъуромэм пыщІа хабзэхэр илъэсыщІэр щагъэлъапІэкІэ ягъэзащІэу щІадзащ. Абы хохьэ зым адрейм тыгъэхэр хуэщІынымрэ уэздыгъей жыгыр блэнымрэ.