Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2 ПСАЛЪАЩХЬЭР

Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ

Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ

1, 2. Библиер тыгъэу щыІэм я нэхъыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?

УИ НЭГУ КЪЫЩІЭГЪЭХЬЭ уи ныбжьэгъум тыгъэ къыпхуищІауэ. Зэ къызэкІуэцІысхыу сеплъарэт жыбоІэ. Уи ныбжьэгъум гулъытэ къызэрыпхуищІар, дауикІ, уи гуапэщ.

2 Библиер Алыхьым къыдита тыгъэщ. А тхылъым итым хуэдэ зыщІыпІи къыщыбгъуэтынукъым. Псалъэм папщІэ, Алыхьым уафэр, щІылъэр, цІыхухэр къызэригъэщІам теухуауэ Библием къеІуатэ. ДызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщынымкІэ къыддэІэпыкъуфыну чэнджэщхэри абы итщ. Абы нэмыщІ дыкъызэригъэгугъам тету, Алыхьым щІылъэр жэнэт зэрищІыжынум Библиер топсэлъыхь. Пэж дыдэу, Библиер тыгъэу щыІэм я нэхъыфІщ!

3. Сыт Библием къыщыпщІэнур?

3 Библием уэ къыщыпщІэнущ Алыхьыр уи ныбжьэгъуу щытыну зэрыхуейр. Алыхьыр нэхъыфІу къэпцІыхуху, абы нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ.

4. Библиер цІыху куэдым яІэу пІэрэ?

4 Нобэ Библие псор е абы и Іыхьэ щхьэхуэхэр бзэ 3 200-рэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІащ. Библиер дуней псом миллиард бжыгъэкІэ щытрадзэ. Процент 90-м щІигъум Іэмал яІэщ я бзэкІэ Библием еджэну. Тхьэмахуэ къэс цІыху мелуаным щІигъум Библиер къаІэрохьэ. Пэжщ, Библием хуэдэ тхылъ мы дунейм теткъым!

5. Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъу сыт жыпІэ щІэхъунур?

5 Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ. (Къеджэ 2 Тимофей 3:16.) Ауэ зыгуэрым жиІэфынущ: «Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр пэж? ЦІыхухэракъэ ар зытхар?» Абы теухуауэ езы Библием мыпхуэдэу жеІэ: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] а псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэри къаригъэІуэтащ» (2 Петр 1:21). Мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. Директорым унафэ ищІащ и дэІэпыкъуэгъум письмо итхыну. Абы щыгъуэ письмор хэт къызыбгъэдэкІыр? ДауикІ, дэІэпыкъуэгъуракъым, атІэ директорыращ. Апхуэдэу, Библиер къызыбгъэдэкІыр ар зытха цІыхухэракъым, атІэ езыгъэтха Алыхьыращ. Библиер Алыхьым и къарукІэ щатхакІэ, шэч хэмылъу, ар «Тхьэм и псалъэщ» (1 Фессалоникэ 2:13; 2-нэ Приложением еплъ).

«ДунеищІэкІэ еджэу зэрадзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэр» бзэ куэдкІэ къыдагъэкІащ

БИБЛИЕМ ДЗЫХЬ ХУЭПЩІ ХЪУНУЩ

6, 7. Сыт Библиер зытепсэлъыхьыр?

6 Библиер илъэс 1 600-м щІигъукІэ ятхащ. Ар зытхахэр щыпсэуа зэманыр, дауикІ, зэтехуэкъым. Библиер зытхахэм щІэныгъэ зиІи яхэтт, псалъэм папщІэ, зыр дохутырт. Хэти щІым елэжьт, хэти бдзэжьеящэт, хэти мэлыхъуэт. Абыхэм щыщу языныкъуэхэр бегъымбарт, нэгъуэщІхэр судыщІэт, пащтыхь нэгъуни яхэтт. Библиер зытхахэр щхьэж и зэман псэуами, абыхэм ятхар зэтохуэ *.

7 Библием и япэ псалъащхьэхэр цІыхухэм я гугъуехьхэр къызэрежьам топсэлъыхь. Иужьрей псалъащхьэхэм и гугъу ящІ Алыхьым ди гугъуехьхэм кІэ ириту ди щІыналъэр жэнэт зэрищІыжынум. Илъэс мин бжыгъэхэм и кІуэцІкІэ цІыхухэр зэрыпсэуам теухуауэ Библием куэд къеІуатэ. Абы нэмыщІ Библием къыщыхощ Алыхьым сыт щыгъуи и псалъэр зэригъэзэщІэжыр.

8. Библием итыр наукэм зэрытехуэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэхэр къэхь.

8 Библиер наукэм теухуа тхылъкъым икІи ар школым щаджкъым, ауэ наукэм теухуауэ абы итыр щІэныгъэлІхэм къахутам тохуэ. Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъыр апхуэдэущ зэрыщытын хуейр, пэжкъэ? Мусэ бегъымбар Библием щыщ Левит тхылъым иритха унафэхэм я фІыгъэкІэ, журтхэм уз зэрыцІалэхэм зыщахъумэфт. А унафэхэр Тхыгъэ ЛъапІэм щратхам щыгъуэ, уз зэрыцІалэхэр къызыхэкІыр цІыхухэм къахутэным иджыри зэман куэд иІэт. ЩІыми теухуауэ абы итыр пэжщ. Ар зыми фІэдзауэ зэрыщымытыр Библием куэд щІауэ щыжыІат (Иов 26:7). Абы нэмыщІ ЩІыр зэрыхъурейр цІыхухэм иджыри щамыщІэ зэманым Библием щыжыІат ар хъурейуэ зэрыщытыр (Исаия 40:22).

9. Библиер зытхахэм я пэжагъым сыт къигъэлъагъуэр?

9 Тхыдэм теухуауэ Библием итыр пэжщ. Ауэ нобэ тхыдэм тепсэлъыхьыж тхылъ псори апхуэдэкъым. Ахэр зытхыж языныкъуэ щІэныгъэлІхэм пэж псор ятхкъым. Псалъэм папщІэ, зауэ гуэрым абыхэм я лъэпкъым текІуэныгъэр къимыхьамэ, ар ябзыщІ. Ауэ Библиер зытхахэм ябзыщІтэкъым языныкъуэ зауэхэм израил лэпкъым текІуэныгъэр къызэримыхьар икІи езыхэм я щыуагъэхэм теухуауэ ятхыжт. Псалъэм папщІэ, Мусэ бегъымбар щыуагъэшхуэ ищІам икІи абы щхьэкІэ Алыхьым тезыр къытрилъхьам теухуауэ езым Числа тхылъым щитхыжащ (Числа 20:2—12). Библиер зытхахэм я пэжагъым къегъэлъагъуэ а тхылъыр Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр. Апхуэдэу щыщыткІэ, дэ абы дзыхь хуэтщІыну хуэфащэщ.

БИБЛИЕР — ЧЭНДЖЭЩЫФІ КУЭД ЗЭРЫТ ТХЫЛЪЩ

10. Сыт Библием ит чэнджэщхэр щІэщхьэпэр?

10 Тхыгъэ ЛъапІэр «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] деж къикІащ. ЦІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэнкІи щхьэпэщ а псалъэхэр» (2 Тимофей 3:16). Сыт Библием ит чэнджэщхэр щІэщхьэпэр? Иеговэ дыкъигъэщІащи, абы ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ къыгуроІуэ. Дэ зэрызытцІыхужым нэхърэ нэхъыфІу Алыхьым дыкъецІыху икІи ар хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну. Сэбэп тхуэхъунури зэран тхуэхъунури абы ещІэ.

11, 12. 1) Маттэ 5-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 7-нэм нэс сыт хуэдэ чэнджэщхэр ит? 2) Иджыри сыт Библием къыщытщІэфынур?

11 Дауэ насыпыфІэ дызэрыхъуфынур? Ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэр дауэ зэрытхъумэфынур? Дауэ Алыхьым дызэрелъэІун хуейр? Мылъкум дауэ дызэрыхущытын хуейр? А псом теухуауэ Хьисэ чэнджэщыфІхэр къыдитащ икІи ахэр Маттэ итхыжа ХъыбарыфІым 5-нэ псалъащхьэм щыщІэдзауэ 7-нэм нэс итщ. А чэнджэщхэр зэратхрэ илъэс 2 000 хуэдиз дэкІами, иджыри къыздэсым ахэр щхьэпэщ.

12 ЧэнджэщыфІхэм нэмыщІ, Библием иджыри принципхэр итщ. А принципхэмкІэ Иеговэ дегъасэ мамыру дызэдэпсэуну, лэжьыгъэр фІыуэ тлъагъуну икІи ди унагъуэхэр нэхъ быдэ тщІыну. Дэнэ дыщымыпсэуми, сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыхуэмызэми, Библием ит принципхэр дэтхэнэ зыми къыддэІэпыкъуфынущ. (Къеджэ Апокалипсис 1:3; 3-нэ Приложением еплъ.)

БИБЛИЕР — КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭР ЗЭРЫТ ТХЫЛЪЩ

Бабилэн къалэр зэрызэтракъутэнур бегъымбар Ешайа Библием иритхат

13. Бабилэн къалэм къыщыщІынум теухуауэ бегъымбар Ешайа сытыт итхар?

13 Къэхъун хуей псалъэхэу Библием щыжыІа куэдыр къэхъуащ. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Ешайа (Исаия) жиІат Бабилэн къалэр зэрызэтракъутэнур (Исаия 13:19). Ар къызэрыхъун хуей щІыкІэ нэгъунэр абы итхат. Куэбжэшхуэхэмрэ псыежэхымрэ къалэр къахъумэт. Ауэ Ешайа жиІат псыежэхыр зэрырагъэгъущыкІынур, куэбжэри ямыгъэбыдауэ къызэрагъэнэнур икІи къалэр зауэ хэмыту къызэращтэнур. Бабилэн къалэр зыубыдынум и цІэ нэгъунэри бегъымбарым жиІат. Ар Кирт. (Къеджэ Исаия 44:27—45:2; 4-нэ Приложением еплъ.)

14, 15. Бегъымбар Ешайа жиІа псалъэхэр дауэ къызэрыхъуар?

14 Бабилэным теухуа псалъэхэр зэратхрэ илъэс 200 хуэдиз дэкІауэ къалэр бийхэм къаухъуреихьащ. Хэтыт бийхэм я пашэр? Бегъымбар Ешайа зэрыжиІам хуэдэу, ар Персием и пащтыхь Кирт. Ешайа Бабилэным теухуауэ жиІа адрей псалъэхэри къэхъуауэ пІэрэ?

15 А жэщым Бабилэн дэсхэр ефэ-ешхэу зэхэст. Куэбжэшхуэхэмрэ псыежэхымрэ къалэр къызэрахъумэм щхьэкІэ, абыхэм я гум шынэ къэкІтэкъым. А зэманым Кир и зауэлІхэм псыежэхым псы къыхэж хуащІри езы псыежэхыр нэхъ чэнж ящІащ. Абы и фІыгъэкІэ зауэлІхэр тыншу псым зэпрыкІащ. Ауэ къалэм дауэ ахэр зэрыдыхьэнур? Бегъымбарым зэрыжиІам хуэдэу, къалэ куэбжэр ямыгъэбыдауэ къыщІэкІащ икІи Кир зауэ хэмыту Бабилэныр иубыдащ.

16. 1) Бабилэн къалэм къыщыщІынум теухуауэ бегъымбар Ешайа сытыт иджыри итхар? 2) Ешайа и псалъэхэр дауэ къызэрыхъуар?

16 Абы нэмыщІ Ешайа жиІат Бабилэным афІэкІа зэи зыри зэрыщымыпсэунур. Абы итхащ: «Абы зэи зыри афІэкІа дэтІысхьэнукъым» (Исаия 13:20). Мы псалъэхэр пэж хъуа? НтІэ, хъуащ. Бабилэн къалэр здэщыта щІыпІэм (Иракым и Багдад къалэм ипщэкІэ километр 80-кІэ уІэбэмэ) иджыри къыздэсым къутахуэ фІэкІа зыри щыІэкъым. Абы зыри щыпсэукъым. Иеговэ жиІат: «КІэ къозыт жыхапхъэкІэ ар [Бабилэныр] испхъэнкІыкІынущ» (Исаия 14:22, 23) *.

Бабилэн къалэм и къутахуэхэр

17. Алыхьым и псалъэхэм дзыхь щІыхуэпщІ хъунур сыт?

17 Къэхъун хуей псалъэхэу Библием щыжыІа куэдыр къэхъуащ. Абы къегъэлъагъуэ ди къэкІуэным теухуауэ Библием итыр Іэмал имыІэу къызэрыхъунур. Дэ шэч къытетхьэкъым Иеговэ и псалъэм тетыжу ди щІыналъэр жэнэт зэрищІыжынум. (Къеджэ Числа 23:19.) Мы псалъэхэм гугъапІэ быдэ къыдат: «МыкІуэдыжын гъащІэр цІыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиІэ [пцІы къызыбгъэдэмыкІ, ДЩІ] Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ» (Тит 1:2) *.

БИБЛИЕМ УИ ГЪАЩІЭР ИХЪУЭЖЫФЫНУЩ

18. Алыхьым и Псалъэм теухуауэ сыт апостол Паул жиІар?

18 Мы псалъащхьэм дэ къыщытщІащ Библиер тхылъу щыІэм сыткІэ къащхьэщыкІми. Абы зэтемыхуэ гуэр иткъым. Псалъэм папщІэ, наукэм е тхыдэм пыщІауэ абы итыр пэжщ икІи щІэныгъэлІхэм къахутам тохуэ. Библием Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэмрэ къэхъун хуей псалъэхэмрэ зэритри къэтщІащ. Абыхэм щыщу куэдыр къызэрыхъуари дощІэ. Иджы гу лъыттэнщ апостол Паул жиІауэ щыта псалъэхэм: «Тхьэм и псалъэхэм гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ». Сыт мы псалъэхэм къикІыр? (Къеджэ Еврейхэм 4:12.)

19, 20. 1) Сыт хуэдэ цІыхуу ущытми къыбгурыІуэну Библиер дауэ къыбдэІэпыкъуфыну? 2) Уэ дауэ къызэрыбгъэлъэгъуэфынур Иеговэ тыгъэу къыдита Библиер фІыщІэ зэрыпщІыр?

19 Библием уи гъащІэр ихъуэжыфынущ. Ар къыбдэІэпыкъунущ сыт хуэдэ цІыхуу ущытми къыбгурыІуэну. Библием ущеджэкІэ уи гупсысэхэмрэ уи гурыщІэхэмрэ нэхъыфІу къыбгурыІуэнущ. Псалъэм папщІэ, уэ Алыхьыр фІыуэ плъагъуу къыщІэкІынщ. Ауэ Библием итым тету упсэумэщ Алыхьыр фІыуэ плъагъуу жыпІэ щыхъунур.

20 Пэж дыдэу, Библиер Алыхьым къыбгъэдэкІ тхылъщ. Алыхьыр хуейщ дэ а тхылъым деджэну, ар куууэ дджыну икІи фІыуэ тлъагъуну. Иеговэ тыгъэу къыдита Библиер куууэ зэрыдджымкІэ къэдгъэлъэгъуэнущ ар фІыщІэ зэрытщІыр. Алыхьым цІыхухэм яхуищІэнум теухуауэ Библием куэд къытхузэІуех. КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм абы нэхъ убгъуауэ дыщытепсэлъыхьынущ.

^ абз. 6 Языныкъуэхэм жаІэ Библием итыр зэтемыхуэу, ауэ ар апхуэдэу щыткъым. Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІа «Библия: слово Бога или человека?» жыхуиІэ тхылъым, 7-нэ псалъащхьэм еплъ.

^ абз. 16 Къэхъун хуей псалъэхэу Библием итым теухуауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІа «Книга для всех» жыхуиІэ брошюрэм, 27—29 напэкІуэцІхэм нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

^ абз. 17 Бабилэным теухуауэ Библием къэхъун хуей псалъэхэу итым нэмыщІ, Хьисэ Мэссихьи теухуауэ абы итщ. 5-нэ Приложениер абы топсэлъыхь.