6 ПСАЛЪАЩХЬЭР
ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?
1—3. ЛІэныгъэм теухуауэ цІыхухэм сыт хуэдэ упщІэхэр яІэ икІи дин зэмылІэужьыгъуэхэм сыт хуэдэ жэуапхэр абыхэм иратрэ?
БИБЛИЕМ зэрыжиІэмкІэ, куэд мыщІэу «лІэныгъэр... щыІэжынукъым» (Апокалипсис 21:4). 5-нэ псалъащхьэм къызэрыщытщІащи, щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфынущ. Ауэ нобэ цІыхухэр малІэ (Экклезиаст 9:5). Абы къыхэкІыу мыпхуэдэ упщІэ къохъей: цІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?
2 Мы упщІэм и жэуапыр псом хуэмыдэу Іыхьлы зыфІэкІуэдахэм къащІэну хуейщ. Ахэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Дэнэ си лІар здэщыІэр? Сыкъилъагъуу пІэрэ сэ абы? Сэ ар зыгуэркІэ къыздэІэпыкъуфыну пІэрэ? Слъэгъужыну пІэрэ сэ ар зэгуэр?»
3 Дин зэмылІэужьыгъуэхэм мы упщІэхэм жэуап зэтемыхуэхэр ират. Хэти жеІэ лІар цІыхуфІмэ, уафэм щыпсэуну дэкІуейуэ, цІыху Іеймэ — жыхьэнмэ мафІэм ису. НэгъуэщІхэм зэрыжаІэмкІэ, лІа нэужь цІыхум и псэр хокІри, нэгъуэщІ псэхэр здэщыІэм макІуэ. ЛІам япэщІыкІэ хьэкум тращІыхьу, иужькІэ ар е цІыхуу, е псэущхьэу дунейм къытехьэжу жызыІэхэри щыІэщ.
4. ЛІэныгъэм теухуауэ дин зэмылІэужьыгъуэхэм яІэ еплъыкІэхэр сыткІэ зэтехуэрэ?
4 ЛІэныгъэм теухуауэ дин зэмылІэужьыгъуэхэм
яІэ еплъыкІэхэр зэтемыхуэми, абыхэм я еплъыкІэхэм зэщхьу зы хэлъщ: цІыхур лІа нэужь и псэр лІэкъым, атІэ адэкІи мэпсэу. Ауэ ар пэж?ЦІЫХУМ ЛІА НЭУЖЬ СЫТ КЪЫЩЫЩІЫР?
5, 6. ЦІыхур щылІэм деж сыт къыщыщІыр?
5 ЦІыхум лІа нэужь къыщыщІыр зыщІэр Иеговэщ. Абы жиІащ цІыхум лІа нэужь и гъащІэр абдеж зэриухыр. ЛІэныгъэм гъащІэ щыщыІэкъым. ЦІыхур лІа нэужь, абы и гурыщІэхэри, и гупсысэхэри, и гукъэкІыжхэри мэкІуэдыж *. ЛІам зыри илъагъукъым, зыри зэхихкъым икІи ар зыми егупсыскъым.
6 Пащтыхь Сэлмэн итхат: «ЛІахэм зыри ящІэкъым». ЛІахэм лъагъуныгъи лъагъумыхъуныгъи яхэлъкъым. Кхъэм «лэжьыгъи, гупсыси, щІэныгъи, Іущагъи щыІэкъым». (Къеджэ Экклезиаст 9:5, 6, 10.) Псалом 146:4 зэрыжиІэмкІэ, цІыхур щылІэкІэ и гупсысэхэри и гъусэу мэкІуэдыж.
ХЬИСЭ МЭССИХЬ ЛІЭНЫГЪЭМ ТЕУХУАУЭ СЫТ ЖИІАУЭ ЩЫТАР?
7. ЛІэныгъэм теухуауэ Хьисэ Мэссихь сыт жиІауэ щытар?
7 Лазар щылІам щыгъуэ, Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ». Ауэ абы щыгъуэ Лазар пэж дыдэу жейуэ аратэкъым. «Лазар лІащ»,— пищащ адэкІэ Хьисэ (Иуан 11:11—14). Зэрытлъагъущи, Хьисэ лІэныгъэр жейм иригъэщхьащ. Абы жиІакъым Лазар уафэм дэкІуеяуэ е и благъэ лІахэм яхуэзэжауэ. Абы нэмыщІ Хьисэ жиІакъым Лазар нэгъуэщІ цІыхуу е псэущхьэу дунейм къытехьэжауэ, е жыхьэнмэ мафІэм ису. Хьисэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ, Лазар быдэу жей цІыхум хуэдэт. Иаир ипхъу лІар къигъэтэджыжыну зыщигъэхьэзырым щыгъуи, Хьисэ жиІат: «Хьэдагъэ фымыщІ. Ар лІакъым, мэжей» (Лука 8:52).
8. ЦІыхухэр лІэну Иеговэ зэрыхуэмейр дэнэ дэ щытщІэр?
8 Іэдэмрэ Хьэуарэ гува-щІэхами лІэн хуейуэ Алыхьым къигъэщІат? Хьэуэ! Ахэр зэи мысымаджэу икІи Экклезиаст 3:11). Егупсысыт, сыт хуэдэ адэ-анэ хуейр и бынхэр жьы хъууэ зэрылІэжыр илъэгъуну? ДауикІ, зыри хуейкъым. Апхуэдэу, гъащІэр къыдэзыта Алыхьри хуейкъым дэ дылІэжыну. АтІэ сыт цІыхухэр щІэлІэр?
гъащІэ мыухыж яІэу псэун хуеят. Дэтхэнэ зы цІыхури мылІэжу игъащІэкІэ псэуну хуейщ. Апхуэдэу дыкъэзыгъэщІар Иеговэщ (ЦІЫХУХЭР ЩІЭЛІЭР СЫТ?
9. Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ унафэ щІаритам сыт и щхьэусыгъуэр? Гугъут ар бгъэзэщІэну?
9 Іэдэмрэ Хьэуарэ Іэдэн жыг хадэм щригъэтІысхьам щыгъуэ, Иеговэ Іэдэм унафэ хуищІащ: «Жыг хадэм ит дэтхэнэ жыгми къыпыкІэр пшхыну ухуитщ, ауэ фІымрэ емрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэр умышх; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар щыпшх махуэм уи ажалыр абы къыхэкІынущ» (ЩІэдзапІэ 2:9, 16, 17). Мы унафэмкІэ Иеговэ къигъэлъэгъуащ езым фІэкІа зыми хуитыныгъэ зэримыІэр Іеймрэ фІымрэ зэхигъэкІыну. ИкІи Алыхьым и унафэр бгъэзэщІэну гугъутэкъым. Иеговэ и жыІэм зэрыщІэтымкІэ япэ цІыхуитІым къагъэлъэгъуэнут абы пщІэ зэрыхуащІыр икІи къахуищІа псор фІыщІэ зэращІыр.
10, 11. 1) Иблисым Іэдэмрэ Хьэуарэ дауэ къызэригъэпцІар? 2) Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым къахуигъэгъуну къыщІамылэжьыр сытыт?
10 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ едэІуакъым. Иблисым мыпхуэдэ упщІэкІэ Хьэуа зыхуигъэзат: «Пэж дыдэу жиІа Тхьэм, „Жэнэтым щыкІ жыгхэм ящыщу зым и пхъэщхьэмыщхьи фымышх“, жиІэу?» «Жыгхэм къапыкІэ пхъэщхьэмыщхьэр дэ тшхы хъунущ, ауэ жэнэтым и кум ит жыгым ЩІэдзапІэ 3:1—5).
и пхъэщхьэмыщхьэр фымышх икІи фемыІусэ абыхэм, фымылІэн папщІэ, жиІащ Тхьэм»,— жиІэри Хьэуа ШейтІаным жэуап иритыжащ (11 Иблисым пищащ: «Хьэуэ, фылІэнукъым, сыту жыпІэмэ ещІэ Тхьэм: а жыгым къыпыкІэ пхъэщхьэмыщхьэм фыщедзэкъа махуэм фи нэхэр къэплъэнурэ, Тхьэуэ фІымрэ емрэ зэхэзыщІыкІым хуэдэ фыхъунущ» (ЩІэдзапІэ 3:4—6). ШейтІаным Хьэуа и фІэщ ищІащ Іеймрэ фІымрэ зэхигъэкІыну езы цІыхубзым хуитыныгъэ иІэ хуэдэу. Абы нэмыщІ Иблисым Хьэуа къигъэпцІащ Алыхьым ар зэремыдаІуэм лІэныгъэ къыхуимыхьыну жриІэри. ЦІыхубзым пхъэщхьэмыщхьэр къыпичри, ишхащ, иужькІэ илІми иритри, абыи ишхащ. Іэдэмрэ Хьэуарэ къагурыІуэт а жыгым пыт пхъэщхьэмыщхьэр яшх зэрымыхъунур, ауэ, абы щхьэкІэ къамыгъанэу, яшхащ. А тІум абыкІэ къагъэлъэгъуащ фІыуэ къэзылъагъу я Адэм пщІэ зэрыхуамыщІыр! Иеговэ и унафэр гурыІуэгъуэт икІи бгъэзэщІэну гугъутэкъым, ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ ящІэр къагурыІуэу Алыхьым и жыІэм ебэкъуащ. Алыхьым къахуигъэгъуну абыхэм къалэжьтэкъым!
12. Іэдэмрэ Хьэуарэ къызэрыпэщІэувам Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр кърита?
12 Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ и унафэм зэрелъэпэуар, дауикІ, ди жагъуэщ. Лъагъуныгъэ пхэлъу упІа уи къуэмрэ уи пхъумрэ жыІэмыдаІуэ хъууэ, ящІэр къагурыІуэжу къыппэщІэуватэмэ, сытыт уэ зыхэпщІэнур? Шэч хэмылъу, абы уи гур игъэузынут.
13. Іэдэм сабэм хыхьэжыну щыжриІам Иеговэ сыт абы къригъэкІар?
ЩІэдзапІэ 3:19.) Сытыт абы къикІыр? Іэдэм кІуэдыжынут, зэи щымыІам хуэдэу (ЩІэдзапІэ 2:7). Арати, Іэдэм гуэныхь илэжьа иужь, лІэри щымыІэж хъуащ.
13 Я жыІэмыдаІуэныгъэм къыхэкІкІэ Іэдэмрэ Хьэуарэ зэи мылІэжу псэуну яІа Іэмалыр яфІэкІуэдащ. Иеговэ Іэдэм жриІащ: «Усабэщи, сабэм ухыхьэжынущ». (Къеджэ14. ЦІыхухэр щІэлІэр сыт?
14 Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым хуэжыІэдаІуэу щытамэ, иджыри къыздэсым псэунут. Ауэ ахэр жыІэмыдаІуэ хъури, ялэжьа гуэныхьым лІэныгъэм хуишащ. Гуэныхьыр уз зэрыцІалэ шынагъуэм ебгъэщхь хъунущ. Ар Іэдэмрэ Хьэуарэ я щІэблэм иратащ. Дэтхэнэ зы цІыхури гуэныхь хэлъу дунейм къытохьэри, гува-щІэхами мэлІэж (Рим 5:12). Ауэ аратэкъым Алыхьым и мурадыр. Ар зэи хуеякъым цІыхухэр лІэну. Аращ Библиер лІэныгъэм бийкІэ щІеджэр (1 Коринф 15:26).
ЛІЭНЫГЪЭМ ТЕУХУАУЭ ПЭЖЫР ЗЭРЫТЩІЭР СЭБЭП КЪЫТХУОХЪУ
15. ЛІэныгъэм теухуауэ пэжыр пщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
15 ЛІэныгъэм теухуауэ пэжыр тщІэмэ, лІахэм теухуауэ жаІэр пэжрэ
пцІырэ тыншу тхузэхэгъэкІынущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, лІам ІэпкълъэпкъкІи гукІи уз зыхищІэжкъым. Дэ абы депсэлъэфынукъым, езыри дэ къыдэпсэлъэфынукъым. ЛІам дэ зыкІи дыдэІэпыкъуфынукъым, езыри дэ къыддэІэпыкъуфынукъым. ЛІам дыщІыщышынэни щыІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэран къытхуэхъуфынукъым. Ауэ дин куэдым зыхурагъаджэр нэгъуэщІщ. Абыхэм зэрыжаІэмкІэ, лІэныгъэм деж гъащІэм щиухкъым икІи лІам удэІэпыкъуфыну жаІэ, псалъэм папщІэ дин пашэ гуэрым ахъшэ ептмэ. Ауэ дэ пэжыр тщІэмэ, зыми дыкъигъэпцІэфынукъым.16. ЛІахэм теухуауэ дин зэмылІэужьыгъуэхэм зыхурагъаджэр сыт?
16 ЛІам и гъащІэм пищэ хуэдэу цІыхухэм я фІэщ ищІын щхьэкІэ, Иблисым дин нэпцІхэр къегъэсэбэп. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ динхэм лІам и псэр адэкІи псэууэ жаІэ. Уэ уи диным лІам теухуауэ сыт зыхуригъаджэр: Библием итыра хьэмэрэ нэгъуэщІ зыгуэр? Зыщумыгъэгъупщэ: цІыхухэр Иеговэ бгъэдишын папщІэ, ШейтІаным щІэх-щІэхыурэ пцІыр къегъэсэбэп.
17. Жыхьэнмэ мафІэм теухуа пцІым сыт Иеговэ щІигъэпудыр?
17 Дин куэдым лІам теухуауэ зыхурагъаджэр шынагъуэщ. Псалъэм папщІэ, цІыху Іейхэр лІа нэужь жыхьэнмэ мафІэм ису жаІэ. Апхуэдэ пцІым Иеговэ егъэпуд. Абы зэикІ цІыхухэм апхуэдэ хьэзаб яригъэшэчынутэкъым! (Къеджэ 1 Иуан 4:8.) Зыгуэрым и сабийм и Іэр мафІэм иригъэсу плъэгъуамэ, сытыт жыпІэнур? «Сыту цІыху гущІэгъуншэ ар! Гъунэгъу зыхуэсщІыну сыхуейкъым абы»,— жыпІэну къыщІэкІынт. Мы щапхъэм къыдгурегъаІуэ Иблисыр зыхуейр. Абы ди фІэщ ищІыну хэтщ Алыхьыр гущІэгъуншэ хуэдэу. Ар ди фІэщ хъумэ, дэ Алыхьым гъунэгъу зыхуэтщІыну дыхуеинукъым.
18. ЛІахэм дащышынэн щІыхуэмейр сыт?
18 НэгъуэщІ динхэм жаІэ лІам и псэм пщІэ хуэщІын хуейуэ, армырамэ ар къытхуэгубжьыфыну. Абыхэм зэралъытэмкІэ, лІам е дыкъихъумэфынущ, е ар ди бий хъуфынущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ пцІыр куэдым я фІэщ мэхъу икІи лІам и псэм тхьэпэлъытэу щыхуэлажьи къохъу. Ауэ дэ къызэрытщІащи, лІам зыри зыхищІэркъым икІи абы зыгуэркІэ и жагъуэ тщІыну дышынэн хуейкъым. Абы нэмыщІ дыхуэлэжьэну зыхуэфащэр Иеговэ закъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ аращ псори къэзыгъэщІа Алыхь пэжыр (Апокалипсис 4:11).
19. ЛІэныгъэм теухуауэ пэжыр зэрытщІэм сыт и сэбэпыр?
19 ЛІэныгъэм теухуауэ пэжыр тщІэмэ, дин нэпцІхэм зыхурагъаджэ пцІыр ди фІэщ тщІынукъым. Абы нэмыщІ ди къэкІуэным теухуауэ Иеговэ жиІэ псалъэхэм ди дежкІэ нэхъ мыхьэнэшхуэ яІэнущ.
20. КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм сыт къыщытщІэнур?
20 Илъэсищэ куэдкІэ узэІэбэкІыжмэ Алыхьым и лэжьакІуэ Іэиуб щІэупщІат: «ЦІыхур лІэмэ, ар къэпсэужыну пІэрэ?» (Иов 14:14). Пэжу, цІыхур лІэмэ, иужькІэ къэпсэужыфыну пІэрэ? Абы теухуауэ Библием щыжыІар уэ гъэщІэгъуэн пщыхъуну къыщІэкІынщ. КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм ди упщІэм и жэуапыр къыщыпщІэнущ.
^ абз. 5 Языныкъуэхэм я фІэщ мэхъу лІам и псэр хэкІыу нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ. 17-нэ, 18-нэ Приложениехэр абы нэхъ убгъуауэ топсэлъыхь.