14 ПСАЛЪАЩХЬЭР
Уи унагъуэр насыпыфІэу щытыфынущ
1, 2. Унагъуэхэр насыпыфІэу щытыну Иеговэ зэрыхуейр сыт къэзыгъэлъагъуэр?
ЯПЭ ДЫДЭ унагъуэр зыухуар Алыхьыращ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ цІыхубзыр къигъэщІри, Іэдэм деж къишащ. Іэдэм цІыхубзыр щилъагъум, макъ хэІэтыкІакІэ жиІащ: «Мыр си пкъым щыщ къупщхьэщ, си лым щыщ лыщ» (ЩІэдзапІэ 2:22, 23). Іэдэм егъэлеяуэ насыпыфІэт. Абы къегъэлъагъуэ унагъуэхэр насыпыфІэу щытыну Иеговэ зэрыхуейр.
2 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори унагъуэ насыпыфІэ къыщыхъуакъым. Ауэ Библием ит принципхэм я фІыгъэкІэ зэщхьэгъусэхэми, адэ-анэхэми, сабийхэми лъагъуныгъэрэ пщІэрэ я зэхуаку дэлъыфынущ (Лука 11:28).
ЦІЫХУХЪУР ЩХЬЭГЪУСЭФІ СЫТ ЗЫЩІЫР?
3, 4. 1) ЛІыр и щхьэгъусэм дауэ зэрыхущытын хуейр? 2) Зым адрейм хуигъэгъуным зэщхьэгъусэхэм я дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
3 Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, лІым и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъун икІи абы пщІэ хуищІын хуейщ. Ефес 5:25—29 укъеджэну дынолъэІу. ЛІыфІыр и щхьэгъусэм сыт щыгъуи щабэу хущытщ. Ар и щхьэгъусэм къыщхьэщож, и нэІэ абы тригъэтщ икІи и гум зэремыуэным иужь итщ.
Колоссэ 3:19). ЛІыхэ, зыщывмыгъэгъупщэ: фэри фыщыщыуэ къохъу. Алыхьым фэ къыфхуигъэгъуну фыхуеймэ, фэри фи щхьэгъусэхэм яхуэвгъэгъун хуейщ (Маттэ 6:12, 14, 15). Зым адрейм хуигъэгъумэ, зэщхьэгъусэхэм я унагъуэр насыпыфІэу щытынущ.
4 ЦІыхубзым ищІар и лІым игу щримыхь къохъу. Дауэ цІыхухъур абы зэрыхущытын хуейр? Библием мыпхуэдэ чэнджэщ лІыхэм ярет: «ЛІыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр [зэпымыууэ] фІыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым» (5. ЦІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ щІыхуищІын хуейр сыт?
5 Иеговэ хуейщ цІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ хуищІыну. ЛІыр егупсысын хуейщ и щхьэгъусэр зыхуэныкъуэ псом. Ар мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэщ. ЦІыхухъур и щхьэгъусэм Іейуэ хущытмэ, абы и тхьэлъэІум Иеговэ емыдэІуэнкІэ хъунущ (1 Петр 3:7). ЦІыхубзым нэхърэ цІыхухъур нэхъ лъапІэу Иеговэ ибжкъым. ФІыуэ къэзылъагъу дэтхэнэри Алыхьым фІыуэ елъагъу.
6. Зэщхьэгъусэхэр «зыпкъщ» жиІэмэ сыт къикІыр?
6 Хьисэ зэрыжиІамкІэ, цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэрыша нэужь, «ахэр зыпкъщ, пкъитІ хъужыркъым», нэгъуэщІу жыпІэмэ ахэр псом хуэмыдэу гъунэгъу зэхуохъу (Маттэ 19:6). Зэщхьэгъусэхэр сыт щыгъуи зэхуэпэжын хуейщ (Притчи 5:15—21; Еврейхэм 13:4). Зэгъусэным теухуауэ зэщхьэгъусэхэр зыр зым егупсысын хуейщ. Щхьэхуещагъэ пхэлъу а Іуэхум убгъэдыхьэ хъунукъым (1 Коринф 7:3—5). Библием щыжыІащ: «3ыми езым и пкъыр илъагъу мыхъуу зэи щытакъым, атІэ пкъыр зыхуэныкъуэр ирегъэгъуэт икІи йогугъу». Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ лІым и щхьэгъусэр фІыуэ зэрилъагъум нэмыщІ, щабэу зэрыхущытын хуейр. Псом нэхърэ нэхъыбэу цІыхубзыр хуейщ и щхьэгъусэм лъагъуныгъэрэ щабагъэрэ хэлъыну (Ефес 5:29).
ЦІЫХУБЗЫР ЩХЬЭГЪУСЭФІ СЫТ ЗЫЩІЫР?
7. Унагъуэм нэхъыжь щІиІэн хуейр сыт?
7 Унагъуэр быдэу икІи зэкъуэту щытын щхьэкІэ, абы нэхъыжьыфІ иІэн хуейщ. Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ: «Дэтхэнэ лІыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лІырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ» (1 Коринф 11:3).
8. И лІым пщІэ зэрыхуищІыр дауэ цІыхубзым къызэригъэлъэгъуэфынур?
8 ДауикІ, лІыр щыщыуэ къохъу. Абы емылъытауэ, цІыхухъум ищІ унафэхэр и щхьэгъусэм диІыгъмэ, 1 Петр 3:1—6). Библием щыжыІащ: «Фызми и лІым щІыхь хурещІ» (Ефес 5:33). Ауэ лІым Алыхьыр и фІэщ мыхъумэ е нэгъуэщІ дин иІыгъмэ, цІыхубзыр дауэ абы зэрыхущытын хуейр? Абы щыгъуэми пщІэ хуищІын хуейщ. Библием цІыхубзхэр къыхуреджэ: «Фэ, фызхэм, нывжызоІэ филІхэм фахуэІурыщІэ. Ар фщІэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаІуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыІэми, фи псэукІэр зэралъагъум щхьэкІэ фІэщхъуныгъэ яІэ хъунущ, фигу къабзэу, Тхьэм фыфІэлІыкІыу [филІхэм щІыхь куу хуэфщІу, ДЩІ] фызэрыпсэум гу лъатэмэ» (1 Петр 3:1, 2). ЦІыхубзым и лІым пщІэ зэрыхуищІым фІы къыпэкІуэфынущ: пщІэ къыхуищІынущ икІи и диныр фІэгъэщІэгъуэн хъунущ.
унагъуэр нэхъ насыпыфІэ хъунущ (9. 1) Зы Іуэху гуэрым теухуауэ цІыхубзым и еплъыкІэр и щхьэгъусэм ейм темыхуэмэ, сыт абы ищІэ хъунур? 2) Тит 2:4, 5 унагъуэм ис фызхэм хуэгъэзауэ сыт хуэдэ чэнджэщ итыр?
9 Зы Іуэху гуэрым теухуауэ цІыхубзым и еплъыкІэр и щхьэгъусэм ейм темыхуэмэ, сыт абы ищІэ хъунур? Абы теухуауэ пщІэ хэлъу и лІым епсалъэ хъунущ. Зэгуэр зы упщІэм теухуауэ Сарэ и еплъыкІэр Ибрэхьим жриІат. Ибрэхьим ар игу ирихьатэкъым. Ауэ Иеговэ Ибрэхьим жриІащ: «ЕдаІуэ абы и псалъэм» (ЩІэдзапІэ 21:9—12). Алыхьым хуэлажьэ цІыхухъум ищІ унафэхэр и нэхъыбэм Библием итым тохуэ. Абы къыхэкІыу, лІым ищІ унафэхэр и щхьэгъусэм диІыгъын хуейщ (Апостолхэм 5:29; Ефес 5:24). ЩхьэгъусэфІу икІи анэфІу щыт цІыхубзым и унагъуэм и нэІэ тригъэтщ. (Къеджэ Тит .) ЦІыхубзыр псэемыблэжу и унагъуэм кІэлъыплъмэ, и лІымрэ и бынхэмрэ ар нэхъыфІыжу къалъагъунущ икІи пщІэ нэхъыбэу къыхуащІынущ ( 2:4, 5Притчи 31:10, 28).
10. Зэман гуэркІэ зэдэмыпсэуну е нэчыхьыр ирагъэкъутэжыпэну зэщхьэгъусэхэм унафэ ящІ хъуну?
10 Языныкъуэ зэщхьэгъусэхэм унафэ ящІ зэман гуэркІэ зэдэмыпсэуну е нэчыхьыр ирагъэкъутэжыпэну. Ауэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, «фызыр и лІым бгъэдэкІыж хъунукъым», «лІыми и фызыр иригъэкІыж хъунукъым» (1 Коринф 7:10, 11). ЦІыхум зэман гуэркІэ и щхьэгъусэр къигъанэу щхьэхуэу псэуну унафэ щІищІым щхьэусыгъуэ иІэфынущ. Ауэ апхуэдэ унафэ ищІын ипэ, цІыхур а Іуэхум фІыуэ егупсысын хуейщ. Нэчыхьыр егъэкъутэжыным теухуауэ сыт Библием щыжыІар? ТІум я зым зинэ ищІауэ щытмэ, адрейр хуитщ нэчыхьыр иригъэкъутэжыну (Маттэ 19:9).
ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭР АДЭ-АНЭФІ СЫТ ЗЫЩІЫР?
11. Сыт сабийхэр псом хуэмыдэу зыхуэныкъуэр?
11 Адэ-анэхэ, фи сабийхэм зэрыхъукІэ щІэх-щІэхыурэ фадэуэршэр. Ахэр фэ къыфхуэныкъуэщ. Иеговэ теухуауэ абыхэм яжефІэ. Аращ фи бынхэм нэхъыфІ дыдэу яхуэфщІэфынур (Второзаконие 6:4—9).
12. Адэ-анэхэм я сабийхэр яхъумэн щхьэкІэ сыт ящІэн хуейр?
12 КІуэтэхукІэ дыщыпсэу дунейр нэхъ бзаджэ мэхъу. Абы къыхэкІыу, зыгуэрым уи сабийм Іей гуэр кърищІэнкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ лей кърихынкІэ хъунущ. Языныкъуэ адэ-анэхэм я дежкІэ тыншкъым апхуэдэ темэхэр я бынхэм я гъусэу зэпкърахыну. Ауэ уэ уи къалэнщ уи сабийр Іейм щыпхъумэну икІи ар цІыху бзаджэм ІущІэмэ ищІэн хуейр къыгурыбгъэІуэну. Адэ-анэхэ, фи сабийхэр фхъумэну фи къалэнщ * (1 Петр 5:8).
13. Дапхуэдэу адэ-анэхэм я сабийхэр зэрагъэсэн хуейр?
13 Адэ-анэхэм я сабийхэр ягъэсэну я къалэнщ. Дапхуэдэу? Сабийхэм зэпымыууэ еущиен хуейщ, ауэ пхъашэу е гущІэгъуншэу абыхэм уахущыт хъунукъым Иеремия 30:11). Сабийм и гум уемыуэн щхьэкІэ укъэгубжьауэ абы и щыуагъэр къыгурыбгъэІуэну иужь уимыхьэ (Притчи 12:18). КъодэІуэн щІыхуейр сабийм щабэу къыгурыгъаІуэ (Ефес 6:4; Еврейхэм 12:9—11; 30-нэ Приложением еплъ).
(САБИЙХЭМ ИЕГОВЭ ЯГЪЭГУФІЭФЫНУЩ
14, 15. Сабийхэр я адэ-анэхэм щІедэІуэн хуейр сыт?
14 Хьисэ сыт щыгъуи и Адэм хуэжыІэдаІуэт, ар щымытынш къэхъуми (Лука 22:42; Иуан 8:28, 29). Иеговэ хуейщ сабийхэр я адэ-анэхэм едэІуэну (Ефес 6:1—3).
15 Сабийхэ, фи адэ-анэхэм федэІуэну иныкъуэм деж мытыншми, зыщывмыгъэгъупщэ: фэ фыжыІэдаІуэмэ, фи адэ-анэри Иегови абы егъэгуфІэ * (Притчи 1:8; 6:20; 23:22—25).
16. 1) Іей гуэр уигъэщІэн щхьэкІэ Иблисым хэт къигъэсэбэпыфынур? 2) Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм нэмыщІ, нэгъуэщІ умыгъэныбжьэгъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
ЩІэдзапІэ 34:1, 2). Алыхьыр фІыуэ зымылъагъухэр уэри ныбжьэгъу пщІымэ, абыхэм ухуагъэушыфынущ Иеговэ илъагъу мыхъу гуэр пщІэну. Блэжьа гуэныхьым уэри уи унагъуэми гуауэ къыфхуихьынущ. Алыхьми абыкІэ и жагъуэ пщІынущ (Притчи 17:21, 25). Аращи, Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм нэмыщІ, нэгъуэщІ умыгъэныбжьэгъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (1 Коринф 15:33).
16 Иблисым уи ныбжьэгъухэр къигъэсэбэпыфынущ Іей гуэр уигъэщІэн щхьэкІэ. Екъуб ипхъу Динэ уигу къэгъэкІыж. Иеговэ фІыуэ зымылъагъухэр ныбжьэгъу зэрищІам езы Дини и унагъуэми гуауэ куэд къахуихьащ (УИ УНАГЪУЭР НАСЫПЫФІЭУ ЩЫТЫФЫНУЩ
17. Иеговэ унагъуэм щыщхэм сыт къахуигъэувыр?
17 Унагъуэр гугъуехь куэдым щыхъума хъунущ, абы щыщ дэтхэнэри Алыхьым хуэжыІэдаІуэмэ. ЛІыхэ, фи щхьэгъусэхэр фІыуэ флъагъу икІи абыхэм щабэу фахущыт. Фызхэ, филІхэм фахуэІурыщІэ икІи пщІэ яхуэфщІ. Притчи 31:10—31 зи гугъу ищІ цІыхубзым щапхъэ тефх. Адэ-анэхэ, фи сабийхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуу вгъасэ (Притчи 22:6). Адэхэ, фи унагъуэхэм фІыуэ факІэлъыплъ (1 Тимофей 3:4, 5; 5:8). Сабийхэ, фи адэ-анэхэм жаІэм федаІуэ (Колоссэ 3:20). Унагъуэм щыщ дэтхэнэри зэрыщыуэнкІэ хъунур зыщывмыгъэгъупщэ. Дэфчыхыну фыхьэзыру фыщыт икІи зым адрейм хуэвгъэгъу. Зэрытлъагъущи, Библием итщ унагъуэм щыщ дэтхэнэми хуэгъэза чэнджэщыфІхэр.
^ абз. 12 «Учись у Великого Учителя» жыхуиІэ тхылъым, 32-нэ псалъащхьэм абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ. А тхылъыр Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ.
^ абз. 15 Алыхьым и хабзэхэм темыхуэ гуэр адэ-анэм къыхуагъэувмэ, сабийм ар имыгъэзащІэми хъунущ (Апостолхэм 5:29).